къэубэлэцын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къоубэлэц)
1. Къэцыбырыбын, бэлацэ къэхъун.
рувзлохматиться
Фыз ябгэм дзасэ ин иӀыгът, и щхьэцри къэубэлэцауэ, бжыхьыр кърелъэфажьэ жыпӀэну къеӀэт.— КӀыщокъуэ Алим
2. Зыгуэрым и щӀыӀур зэхуэмыдэ, бэлацэ, пхъашэ хъун.
рустать негладким, шероховатым (о поверхности чего-л.)
Пхъэбгъур и мыкӀуапӀэмкӀэ яупсри, къэубэлэцащ.
3. Зыгъэгусэн, къытехьэн.
рупереносное просторечие надуться, обидеться
Мухьэрбий гушыӀами, игу иримыхьын апхуэдэ псалъэхэр зэхихауэ къэубэлэцыну хьэзыр Ланэ къыпхуигъэгъунт.— Мысачэ Пётр
Kitapta geçtiği hali
къэубэлэцын (къоубэлэц) неперех. гл. 1. взлохматиться / Къэцыбырыбын, бэлацэ къэхъун. * Фыз ябгэм дзасэ ин иӀыгът, и щхьэцри къэубэлэцауэ, бжыхьыр кърелъэфажьэ жыпӀэну къеӀэт. КӀ. А. 2. стать негладким, шероховатым (о поверхности чего-л.) / Зыгуэрым и щӀыӀур зэхуэмыдэ, бэлацэ, пхъашэ хъун. Пхъэбгъур и мыкӀуапӀэмкӀэ яупсри, къэубэлэцащ. 3. переносное просторечие надуться, обидеться / Зыгъэгусэн, къытехьэн. * Мухьэрбий гушыӀами, игу иримыхьын апхуэдэ псалъэхэр зэхихауэ къэубэлэцыну хьэзыр Ланэ къыпхуигъэгъунт. М. П.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къоубэлэц)
Къэцыбырыбын, бэлацэ къэхъун.
Фыз ябгэм дзасэ ин иӀыгът, и щхьэцри къэубэлэцауэ, бжыхьыр кърелъэфажьэ жыпӀэну къеӀэрт— Хъуэпсэгъуэ нур, 137
+1 örnek
Район тхьэмадэми и гур къызэрыгъуэтыжащ, шляпэ щхьэрыгъыр зыщхьэрипхъуэтри стӀолым триушкӀумпӀащ, и щхьэц тхъуа къинэжа тӀэкӀур къэубэлэцауэ, мэгъумэтӀымэ: - Дауэ ямыукӀынрэ, медицинэр зэрымедицинэу цӀыхубзым иратыжащ— Лъапсэ, 18
Kitapta geçtiği hali
КЪЭУБЭЛЭЦЫН (къоубэлэц) лъэмыӀ. (2). Къэцыбырыбын, бэлацэ къэхъун. Фыз ябгэм дзасэ ин иӀыгът, и щхьэцри къэубэлэцауэ, бжыхьыр кърелъэфажьэ жыпӀэну къеӀэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 137. Район тхьэмадэми и гур къызэрыгъуэтыжащ, шляпэ щхьэрыгъыр зыщхьэрипхъуэтри стӀолым триушкӀумпӀащ, и щхьэц тхъуа къинэжа тӀэкӀур къэубэлэцауэ, мэгъумэтӀымэ: - Дауэ ямыукӀынрэ, медицинэр зэрымедицинэу цӀыхубзым иратыжащ. Лъапсэ, 18.