къэубыдыжын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къеубыдыж)

1. БутӀыпща, пӀэщӀэкӀа, ежэжьа зыгуэр зыӀэрыгъэхьэжын, зыӀэщӀэгъэхьэжын.

руснова поймать кого-что-л.

Топыр къэубыдыжын. ЩӀалэм ӀэщӀэкӀа шыр къиубыдыжащ.

+1 örnek

Лу насып иӀэти, Мысхьуд пхъуэри шыр къиубыдыжащ.— КӀыщокъуэ Алим

2. Къэзэужын, къэщтэжын, зыӀэщӀэгъэхьэжын.

руотвоевать что-л.

Январым и 6-м советыдзэхэм Бахъсэн, Зеикъуэ, Къулъкъужын къаубыдыжащ, январым и 7-м зэуэ теуэри Малкэ къаубыдыжащ.— Къэбэрдейм и историе

Kitapta geçtiği hali

къэубыдыжын (къеубыдыж) перех. гл. 1. снова поймать кого-что-л. / БутӀыпща, пӀэщӀэкӀа, ежэжьа зыгуэр зыӀэрыгъэхьэжын, зыӀэщӀэгъэхьэжын. Топыр къэубыдыжын. ЩӀалэм ӀэщӀэкӀа шыр къиубыдыжащ. * Лу насып иӀэти, Мысхьуд пхъуэри шыр къиубыдыжащ. КӀ. А. 2. отвоевать что-л. / Къэзэужын, къэщтэжын, зыӀэщӀэгъэхьэжын. * Январым и 6-м советыдзэхэм Бахъсэн, Зеикъуэ, Къулъкъужын къаубыдыжащ, январым и 7-м зэуэ теуэри Малкэ къаубыдыжащ. Къэб. и ист.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къеубыдыж)

БутӀыпща, пӀэщӀэкӀа, ежэжьа зыгуэр зыӀэрыгъэхьэжын.

– Ар [пхъуантэр] зэрысӀэщӀэмыхуну си къэшэныр сӀэщӀэмыхуащэрэт, - жиӀэри Ӏэюб [Лу зыхуигъазэу] пхъуантэр нэхъ лъагэжу дридзейри къиубыдыжащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 525

+2 örnek

Данэ цӀыкӀу мызэ-мытӀэу дэпщурэ пщӀантӀэ кӀуэцӀым дыхьауэ къаубыдыжащ— Щынэхужьыкъуэ, 35

Мы слъагъур мэзым къыщӀэднэмэ, хьэм яшхынкӀэ мэхъу жиӀэри Дэфэрэдж шыр къиубыдыжри зыкъомрэ Ӏэдэжу ишащ, итӀанэ мывэшхуэ гуэр хуэзати, шыр абы иришалӀэри, езыри мывэм тету шэсри ежьэжащ, зейр къытхуэзэмэ, еттыжынщ, къытхуэмызэмэ, шыр тхьэм къыдитащи, ПӀатӀыкъуей срикӀуэнщ жиӀэри— Лъапсэ, 57

Deyimler (1)

Ӏэр къэубыдыжын

Еплъ: Ӏэ

Kitapta geçtiği hali

КЪЭУБЫДЫЖЫН (къеубыдыж) лъэӀ. (11). БутӀыпща, пӀэщӀэкӀа, ежэжьа зыгуэр зыӀэрыгъэхьэжын. – Ар [пхъуантэр] зэрысӀэщӀэмыхуну си къэшэныр сӀэщӀэмыхуащэрэт, - жиӀэри Ӏэюб [Лу зыхуигъазэу] пхъуантэр нэхъ лъагэжу дридзейри къиубыдыжащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 525. Данэ цӀыкӀу мызэ-мытӀэу дэпщурэ пщӀантӀэ кӀуэцӀым дыхьауэ къаубыдыжащ. Щынэхужьыкъуэ, 35. Мы слъагъур мэзым къыщӀэднэмэ, хьэм яшхынкӀэ мэхъу жиӀэри Дэфэрэдж шыр къиубыдыжри зыкъомрэ Ӏэдэжу ишащ, итӀанэ мывэшхуэ гуэр хуэзати, шыр абы иришалӀэри, езыри мывэм тету шэсри ежьэжащ, зейр къытхуэзэмэ, еттыжынщ, къытхуэмызэмэ, шыр тхьэм къыдитащи, ПӀатӀыкъуей срикӀуэнщ жиӀэри. Лъапсэ, 57. ◊ Ӏэр къэубыдыжын (1). Еплъ Ӏэ.

Düzeltme Öner

къэубыдыжын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.