къэскӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къоскӀэ)
1. Къэщтэн, къыхэщтыкӀын.
рувздрогнуть (напр. от испуга)
Цурэ, псэлъэным дихьэхыу щӀэщхъу гуэр къыщыщӀа хуэдэ, къэскӀащ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
2. Къэшынэн, къэлэнджэн.
руиспугаться
ЩӀылъэр къэмыскӀэурэ, ой маржэ, Мурат къэскӀэнкъым. П. Б.
Kitapta geçtiği hali
къэскӀэн (къоскӀэ) неперех. гл. 1. вздрогнуть (напр. от испуга) / Къэщтэн, къыхэщтыкӀын. * Цурэ, псэлъэным дихьэхыу щӀэщхъу гуэр къыщыщӀа хуэдэ, къэскӀащ. Къ. Хь. 2. испугаться / Къэшынэн, къэлэнджэн. * ЩӀылъэр къэмыскӀэурэ, ой маржэ, Мурат къэскӀэнкъым. П. Б.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къоскӀэ)
1. Къэщтэн, къыхэщтыкӀын.
Лу абы [Жыраслъэн] зэрыӀуплъэу, и щӀыбым зыгуэр Ӏэ щӀыӀэкӀэ къеӀэба хуэдэу, къэскӀащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 594
+1 örnek
ТкӀуэпсыр нэгум щытелъалъэм, КъоскӀэр пщащэр ар и пӀалъэу— Тисей, 493
2. Къэшынэн. -380.
Езы [Данэ] тхьэмыщкӀэ цӀыкӀур, кхъухьлъатэм я ву макъ зэхихмэ, къаскӀэрт, гурымырт, «нанэ, бомбэ» жиӀэу, иныкъуэми къэтэджыну еӀэрт— Нал къута, 277
+2 örnek
ЦӀыхубзыр япэм къэскӀами, иужьым игурэ и псэрэ зэрыгъуэтыжри и лӀым и ужь иту мэжджытым кӀуэри кхъэлэгъунэм и лӀыр къыдэӀэпыкъуурэ зэи, тӀэуи ехащ, зэрыхуей дыдэм хуэдэу щылъыпӀэри иригъэщӀащ.— Кхъэлэгъунэ, 379
Хьэуам хэз хъуами сырымэр, Ар зи къэмыскӀэу къоплъых, Бгы мамырыгъэр ехъумэ, И пьедесталым къемых. Пушкиныр 1941 гъэм и ноябрым. «Шум и гъуэгу», 35.
Kitapta geçtiği hali
КЪЭСКӀЭН (къоскӀэ) лъэмыӀ. (15). 1. (2). Къэщтэн, къыхэщтыкӀын. Лу абы [Жыраслъэн] зэрыӀуплъэу, и щӀыбым зыгуэр Ӏэ щӀыӀэкӀэ къеӀэба хуэдэу, къэскӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 594. ТкӀуэпсыр нэгум щытелъалъэм, КъоскӀэр пщащэр ар и пӀалъэу. «Тисей», 493. 2. (13). Къэшынэн. Езы [Данэ] тхьэмыщкӀэ цӀыкӀур, кхъухьлъатэм я ву макъ зэхихмэ, къаскӀэрт, гурымырт, «нанэ, бомбэ» жиӀэу, иныкъуэми къэтэджыну еӀэрт. Нал къута, 277. ЦӀыхубзыр япэм къэскӀами, иужьым игурэ и псэрэ зэрыгъуэтыжри и лӀым и ужь иту мэжджытым кӀуэри кхъэлэгъунэм и лӀыр къыдэӀэпыкъуурэ зэи, тӀэуи ехащ, зэрыхуей дыдэм хуэдэу щылъыпӀэри иригъэщӀащ. Кхъэлэгъунэ, 379-380. Хьэуам хэз хъуами сырымэр, Ар зи къэмыскӀэу къоплъых, Бгы мамырыгъэр ехъумэ, И пьедесталым къемых. Пушкиныр 1941 гъэм и ноябрым. «Шум и гъуэгу», 35.