къэрэкъурэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Жыгхэмрэ къуацэ-чыцэхэмрэ нэмыщӀ адрей къэкӀыгъэ пӀащэхэм я лъэдий гъуахэр.
русухие стебли высоких травянистых растений
Къэрэкъурэ фӀэкӀа пхъэгъэсын яӀэтэкъым быным.— Советскэ Къэбэрдейм и ӀуэрыӀуатэхэр
Bu maddedeki ifadeler (1)
къэрэкъурэ шей
Губгъуэ удз гъэгъуа зэмылӀэужьыгъуэхэм къащӀэгъэвыкӀа шей.
ручай из набора различных сушенных полевых трав
Kitapta geçtiği hali
къэрэкъурэ сухие стебли высоких травянистых растений / Жыгхэмрэ къуацэ-чыцэхэмрэ нэмыщӀ адрей къэкӀыгъэ пӀащэхэм я лъэдий гъуахэр. * Къэрэкъурэ фӀэкӀа пхъэгъэсын яӀэтэкъым быным. Сов. Къэб. ифольк. къэрэкъурэ шей чай из набора различных сушенных полевых трав / Губгъуэ удз гъэгъуа зэмылӀэужьыгъуэхэм къащӀэгъэвыкӀа шей.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Жыгхэмрэ къуацэчыцэхэмрэ нэмыщӀ адрей къэкӀыгъэ пӀащэхэм я лъэдий гъуахэр.
Хадэм адэкӀэ уплъэмэ, къуажэбгъущ, щыс щымыӀэу, адэ нэхъ жыжьэу уплъэмэ, бгы лъапэ дыдэм деж бгъэн телъу унэжь тӀэкӀу щытщ, джэдэщышхуэ гуэри и щхьэр фыри къэрэкъурэ къытекӀэжауэ, бжэи сыти хэмылъыжу уолъагъу, унэжь цӀыкӀум пэмыжыжьэу— МелыӀыч, 456
+2 örnek
Мэкъу щыпаупщӀкӀэ, йоуэр удзым, къэрэкъурэр къранэж— Зауэ жыхуаӀэм и хъыбарыр. «Вагъуэ махуэ», 93
ИтӀани еплъ, къэрэкъурэ, пабжьэ тӀэкӀухэм, удз гъэужь гуэрхэм уахуэзэрэ ухэувэмэ, зэтолъалъэ, гъэужь гъужам хуэдэу— ХьэщӀэ лъапӀэ, 400
Kitapta geçtiği hali
КЪЭРЭКЪУРЭ (4). Жыгхэмрэ къуацэчыцэхэмрэ нэмыщӀ адрей къэкӀыгъэ пӀащэхэм я лъэдий гъуахэр. Хадэм адэкӀэ уплъэмэ, къуажэбгъущ, щыс щымыӀэу, адэ нэхъ жыжьэу уплъэмэ, бгы лъапэ дыдэм деж бгъэн телъу унэжь тӀэкӀу щытщ, джэдэщышхуэ гуэри и щхьэр фыри къэрэкъурэ къытекӀэжауэ, бжэи сыти хэмылъыжу уолъагъу, унэжь цӀыкӀум пэмыжыжьэу. МелыӀыч, 456. Мэкъу щыпаупщӀкӀэ, йоуэр удзым, къэрэкъурэр къранэж. Зауэ жыхуаӀэм и хъыбарыр. «Вагъуэ махуэ», 93. ИтӀани еплъ, къэрэкъурэ, пабжьэ тӀэкӀухэм, удз гъэужь гуэрхэм уахуэзэрэ ухэувэмэ, зэтолъалъэ, гъэужь гъужам хуэдэу. ХьэщӀэ лъапӀэ, 400.