къэпӀэнкӀын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къопӀэнкӀ)

1. Лыгъуэн, мафӀэм зэрисым е зэрылыгъуэм къыхэкӀыу къэчэн, пӀэнкӀ макъ ищӀын.

рутрещать, потрескивать (под воздействием огня)

Нартыху хьэдзэхэр къопӀэнкӀ. Пхъэхэр къопӀэнкӀ.

2. ПсынщӀэу, къыжьэдэпхъэпхъыу псэлъэн.

рутрещать, говорить без умолку

Музэчыр жиӀар яфӀэфӀ хъуауэ псори къэпӀэнкӀащ.— Теунэ Хьэчим

+1 örnek

{Къетыкъуэ:} - Зэ бэяу уэри, Мэзан, умыпӀэнкӀ!— Къэбэрдей

Kitapta geçtiği hali

къэпӀэнкӀын (къопӀэнкӀ) неперех. гл. 1. трещать, потрескивать (под воздействием огня) / Лыгъуэн, мафӀэм зэрисым е зэрылыгъуэм къыхэкӀыу къэчэн, пӀэнкӀ макъ ищӀын. Нартыху хьэдзэхэр къопӀэнкӀ. Пхъэхэр къопӀэнкӀ. 2. переносное трещать, говорить без умолку / ПсынщӀэу, къыжьэдэпхъэпхъыу псэлъэн. * Музэчыр жиӀар яфӀэфӀ хъуауэ псори къэпӀэнкӀащ. Т. Хь. {Къетыкъуэ:} - Зэ бэяу уэри, Мэзан, умыпӀэнкӀ! Къэб.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къопӀэнкӀ)

1. КъызэрыкӀын.

Мэш я къуажэдэс щӀалэгъуалэм къуейщӀеин зэрафӀэфӀыр ищӀэрти, хьэщӀэм я гур дахэ яхуещӀ: - ФыкъэмыпӀэнкӀыт, си къуэш, дэри пэкӀэ псы дефэркъым, ди щӀалэхэр гушыӀэным дихьэхмэ, Ӏиблис псы зэрефэ фалъэмкӀэ фадэ ефэнкӀи мэхъу, ажэгъафэу захуапэри зауэм Ӏуохьэ, фэри къывдогушыӀэри аращ армыхъуамэ, фаджэу дунейм дытеткъым— Лъапсэ, 116

+1 örnek

[Мэсхьуд Мусэ жреӀэ:] Уи фызым щыдыхьэшх, узыщыдыхьэшхын умыгъуэтмэ… [Мусэ Мэсхьуд жреӀыж:] - Щхьэ укъэпӀэнкӀрэ, ТхьэмщӀыгъуныбэ?— Хъуэпсэгъуэ нур, 219

2. Къэлъеин.

Губгъуэм ит псори зэплъэкӀыу Я пщыӀэм пӀащӀэу мэкӀуэж, Уэшх ткӀуэпс зырызхэр къэпӀэнкӀыу Удз тхьэмпэм техуэм еукъуэнш— Гъэмахуэ уэшх. «Бгы лъапэхэм деж», 110

Kitapta geçtiği hali

КЪЭПӀЭНКӀЫН (къопӀэнкӀ) лъэмыӀ. (4). 1. (3). зэхь. КъызэрыкӀын. Мэш я къуажэдэс щӀалэгъуалэм къуейщӀеин зэрафӀэфӀыр ищӀэрти, хьэщӀэм я гур дахэ яхуещӀ: - ФыкъэмыпӀэнкӀыт, си къуэш, дэри пэкӀэ псы дефэркъым, ди щӀалэхэр гушыӀэным дихьэхмэ, Ӏиблис псы зэрефэ фалъэмкӀэ фадэ ефэнкӀи мэхъу, ажэгъафэу захуапэри зауэм Ӏуохьэ, фэри къывдогушыӀэри аращ армыхъуамэ, фаджэу дунейм дытеткъым. Лъапсэ, 116. [Мэсхьуд Мусэ жреӀэ:] Уи фызым щыдыхьэшх, узыщыдыхьэшхын умыгъуэтмэ… [Мусэ Мэсхьуд жреӀыж:] - Щхьэ укъэпӀэнкӀрэ, ТхьэмщӀыгъуныбэ? Хъуэпсэгъуэ нур, 219. 2. (1). Къэлъеин. Губгъуэм ит псори зэплъэкӀыу Я пщыӀэм пӀащӀэу мэкӀуэж, Уэшх ткӀуэпс зырызхэр къэпӀэнкӀыу Удз тхьэмпэм техуэм еукъуэнш. Гъэмахуэ уэшх. «Бгы лъапэхэм деж», 110.

Düzeltme Öner

къэпӀэнкӀын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.