къэпӀыщӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къопӀыщӀэ)
ЩӀыӀэр зыхэщӀэн, пӀыщӀэу щӀэдзэн.
руозябнуть
Джэджьейхэр къэпӀыщӀати, джэдкъуртым и дамэ щӀагъым щӀэпщхьэжащ.
Kitapta geçtiği hali
къэпӀыщӀэн (къопӀыщӀэ) неперех. гл. озябнуть / ЩӀыӀэр зыхэщӀэн, пӀыщӀэу щӀэдзэн. Джэджьейхэр къэпӀыщӀати, джэдкъуртым и дамэ щӀагъым щӀэпщхьэжащ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къопӀыщӀэ)
ЩӀыӀэр зыхэщӀэн, пӀыщӀэу щӀэдзэн.
Щызэхихым а хъыбарыр ХьэщӀэ ябгэр къэпӀыщӀащ: - Зэ щыгъэтыт, - жеӀэ доллар [сомым зыхуигъазэу], - А жыхуэпӀэу летчик хахуэр Хамэу уэгум зыхуэзам Сэрт иӀыгъыр мис а махуэм, Фэ фнэмыщӀу зым си гъащӀэм Си мурадыр къикъутакъым, Хамэ щӀыгум щэхуу згъакӀуэр Гъуэгум тету иубыдакъым— Сомрэ долларрэ. «Партыр ди пашэу», 135
Kitapta geçtiği hali
КЪЭПӀЫЩӀЭН (къопӀыщӀэ) лъэмыӀ. (1). ЩӀыӀэр зыхэщӀэн, пӀыщӀэу щӀэдзэн. Щызэхихым а хъыбарыр ХьэщӀэ ябгэр къэпӀыщӀащ: - Зэ щыгъэтыт, - жеӀэ доллар [сомым зыхуигъазэу], - А жыхуэпӀэу летчик хахуэр Хамэу уэгум зыхуэзам Сэрт иӀыгъыр мис а махуэм, Фэ фнэмыщӀу зым си гъащӀэм Си мурадыр къикъутакъым, Хамэ щӀыгум щэхуу згъакӀуэр Гъуэгум тету иубыдакъым… Сомрэ долларрэ. «Партыр ди пашэу», 135.