къэпсэлъын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къепсэлъ)
Зыгуэр жыӀэн, зыгуэр къэӀуэтэн.
рувыговорить, произнести что-л.
Куэд къэпсэлъын. Губзыгъагъэ къэпсэлъын.
Kitapta geçtiği hali
къэпсэлъын (къепсэлъ) перех. гл. выговорить, произнести что-л. / Зыгуэр жыӀэн, зыгуэр къэӀуэтэн. Куэд къэпсэлъын. Губзыгъагъэ къэпсэлъын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къепсэлъ)
Зыгуэр жыӀэн, зыгуэр къэӀуэтэн.
Шыр лъэтауэ уэгум йохьэ, къалэ пщӀантӀэм ар ныдохьэ, Щхьихыр фӀэту иныжь закъуэ Къыбгъэдохьэ тӀэкӀу хуэщӀакъуэу, КъуимыгъащӀэу и гум хэлъыр А иныжьым мыр къепсэлъыр [Елбэздыкъуэ зыхуигъазэу]: - Дэ дыщыткъым бысым жагъуэу, Ди хьэщӀэщым нытхуеблагъэ, ЛӀым я лӀыгъэ зэхэкӀыпӀэу, ПфӀэфӀым, накӀуэ иныжь бжьэпэ— Елбэздыкъуэ, 16
+2 örnek
Мэз фӀыцӀэ къуакӀэм къыщыкӀам Къипсэлъ макъ щабэр зэхимых, Мыващхьэм лъагэу ар щыкӀау— Бгы нэпкъым тет жыгей. «Шум и гъуэгу», 112
«Алфавит», «коллективизацэ», «культфронт», «кооперацэ», «кулак», «бедняк», «середняк» жыхуаӀэу псалъэ къежьахэр дахэ-дахэу къамыпсэлъэфми, алфавитым хьэрфу итыр куэдым ящӀэ хъуат— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 504
Kitapta geçtiği hali
КЪЭПСЭЛЪЫН (къепсэлъ) лъэӀ. (19). Зыгуэр жыӀэн, зыгуэр къэӀуэтэн. Шыр лъэтауэ уэгум йохьэ, къалэ пщӀантӀэм ар ныдохьэ, Щхьихыр фӀэту иныжь закъуэ Къыбгъэдохьэ тӀэкӀу хуэщӀакъуэу, КъуимыгъащӀэу и гум хэлъыр А иныжьым мыр къепсэлъыр [Елбэздыкъуэ зыхуигъазэу]: - Дэ дыщыткъым бысым жагъуэу, Ди хьэщӀэщым нытхуеблагъэ, ЛӀым я лӀыгъэ зэхэкӀыпӀэу, ПфӀэфӀым, накӀуэ иныжь бжьэпэ. «Елбэздыкъуэ», 16. Мэз фӀыцӀэ къуакӀэм къыщыкӀам Къипсэлъ макъ щабэр зэхимых, Мыващхьэм лъагэу ар щыкӀау. Бгы нэпкъым тет жыгей. «Шум и гъуэгу», 112. «Алфавит», «коллективизацэ», «культфронт», «кооперацэ», «кулак», «бедняк», «середняк» жыхуаӀэу псалъэ къежьахэр дахэ-дахэу къамыпсэлъэфми, алфавитым хьэрфу итыр куэдым ящӀэ хъуат. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 504.