къэпкӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къопкӀэ)
Къэ-лъэн.
рупрыгнуть (сюда)
Бжэныр къэпкӀащ.
(къопкӀэ)
Къэчэн.
рутрескаться
Стэчаныр къэпкӀащ.
Kitapta geçtiği hali
къэпкӀэн I (къопкӀэ) неперех. гл. прыгнуть (сюда) / Къэ-лъэн. Бжэныр къэпкӀащ. II (къопкӀэ) неперех. гл. трескаться / Къэчэн. Стэчаныр къэпкӀащ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къопкӀэ)
Къэлъэн. (къоплъ)
Елбэздыкъуэр къызэплъэкӀым, А иныжьыр зы фӀыцӀагъэу Къалъэу, къапкӀэу шум елъагъур— Елбэздыкъуэ, 18
+1 örnek
лъэмыӀ. (50).
1. Зыбгъазэу зыгуэрым дежкӀэ плъэн.
[Алыджыкъуэ:] Сэри сыщыӀуплъэм гу лъыстащ: цӀыхубзыр зэщӀэуфауэ бэзэрым щытетам и ныбжьыр хэкӀуэтауэ лъэбыцэ цӀыкӀуу къысфӀэщӀами, апхуэдэу жьытэкъым, илъэс щэщӀым куэдкӀэ фӀэмыкӀауэ арат, нэкӀу хъурейт, быртӀым цӀыкӀуу, нэщхъыфӀэу къоплъмэ, цӀыхубз лъагъугъуафӀэ гуакӀуэ хуэдэуи щытт, щхьэцыгъуэ Ӏув тетыр и дамитӀым щӀакӀуэ гъуабжэм хуэдэу телъу— МелыӀыч, 441
+2 örnek
Мэзкуу дэс къулыкъущӀэр и щхьэгъубжэм къыдэплърэ къаплъэмэ, ди щӀыналъэм телъри тесри илъагъу хуэдэщи, унафэ ещӀ: мобдеж фыщывэ, мобдеж нартыхуу мы гектар бжыгъэр тефсэ, гуэдзыр, сэхураныр мобыкӀэ ефхьэкӀ жиӀэу— Лъапсэ, 83
[Джэлил бабыщыхъум жреӀэ:] Къаплъэт мыдэ, - жиӀэри жыг лъагэм дэлъэтеящ— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 475
2. Нэр къызэтехын, напӀэр къэӀэтын.
Мес, Тембот къэтэджауэ мафӀэ ещӀ, - жиӀэрт Астемыр [Лу зыхуигъазэу], - уи нэр къызэтехи къаплъэт, щхьэц хъурыфэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 307
+1 örnek
Куэд дэкӀа, мащӀэ дэкӀа, нэр ерагъыу къызэтрихрэ къаплъэмэ [Астемыр], хъыджэбз гуэр къыщхьэщытщ— Хъуэпсэгъуэ нур, 170
3. Ежьэн, пэплъэн.
И джатэр къихауэ лӀыжьым ӀущӀэн и гугъа щхьэкӀэ, Дзэшу а махуэм къигъэзэжакъым, щӀалэ цӀыкӀу къигъакӀуэри фызыжьым къыхуиӀуэхуащ: - ЩӀэх къэзгъэзэжыну уи гугъэу укъэмыплъэ— КӀапсэ кӀапэ, 18
Kitapta geçtiği hali
КЪЭПКӀЭН (къопкӀэ) лъэмыӀ. (1). Къэлъэн. Елбэздыкъуэр къызэплъэкӀым, А иныжьыр зы фӀыцӀагъэу Къалъэу, къапкӀэу шум елъагъур. «Елбэздыкъуэ», 18. КЪЭПЛЪЭН (къоплъ) лъэмыӀ. (50). 1. (45). Зыбгъазэу зыгуэрым дежкӀэ плъэн. [Алыджыкъуэ:] Сэри сыщыӀуплъэм гу лъыстащ: цӀыхубзыр зэщӀэуфауэ бэзэрым щытетам и ныбжьыр хэкӀуэтауэ лъэбыцэ цӀыкӀуу къысфӀэщӀами, апхуэдэу жьытэкъым, илъэс щэщӀым куэдкӀэ фӀэмыкӀауэ арат, нэкӀу хъурейт, быртӀым цӀыкӀуу, нэщхъыфӀэу къоплъмэ, цӀыхубз лъагъугъуафӀэ гуакӀуэ хуэдэуи щытт, щхьэцыгъуэ Ӏув тетыр и дамитӀым щӀакӀуэ гъуабжэм хуэдэу телъу. МелыӀыч, 441. Мэзкуу дэс къулыкъущӀэр и щхьэгъубжэм къыдэплърэ къаплъэмэ, ди щӀыналъэм телъри тесри илъагъу хуэдэщи, унафэ ещӀ: мобдеж фыщывэ, мобдеж нартыхуу мы гектар бжыгъэр тефсэ, гуэдзыр, сэхураныр мобыкӀэ ефхьэкӀ жиӀэу. Лъапсэ, 83. [Джэлил бабыщыхъум жреӀэ:] Къаплъэт мыдэ, - жиӀэри жыг лъагэм дэлъэтеящ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 475. 2. (4). Нэр къызэтехын, напӀэр къэӀэтын. Мес, Тембот къэтэджауэ мафӀэ ещӀ, - жиӀэрт Астемыр [Лу зыхуигъазэу], - уи нэр къызэтехи къаплъэт, щхьэц хъурыфэ… Хъуэпсэгъуэ нур, 307. Куэд дэкӀа, мащӀэ дэкӀа, нэр ерагъыу къызэтрихрэ къаплъэмэ [Астемыр], хъыджэбз гуэр къыщхьэщытщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 170. 3. (1). Ежьэн, пэплъэн. И джатэр къихауэ лӀыжьым ӀущӀэн и гугъа щхьэкӀэ, Дзэшу а махуэм къигъэзэжакъым, щӀалэ цӀыкӀу къигъакӀуэри фызыжьым къыхуиӀуэхуащ: - ЩӀэх къэзгъэзэжыну уи гугъэу укъэмыплъэ. КӀапсэ кӀапэ, 18.