къэлъэфын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къелъэф)
ЩӀым телъ, еӀусэ зыгуэр къеӀэурэ къэгъэӀпхъуэн, къэгъэсын.
руприволочь кого-что-л. (сюда)
Нанэ, нанэ, мы ди джэдум къилъэфа блэжьым еплъыт!— КъардэнгъущӀ Зырамыку
+1 örnek
Ашэбокъуэ къамылым хэлъадэри бланэ, щыхь къиукӀри къилъэфащ.— ӀуэрыӀуатэ
2. Зыгуэр фӀэмыфӀу, залымыгъэкӀэ къэшэн.
рупритащить, привести насильно кого-л.
- Сэ хъаным и пхъум сыткӀэ сыхуэфащэ, жыфӀэр сыт емыкӀу! - жиӀэу зригъанэу, тхьэусыхэурэ къалъэфащ Наурызыр.— КӀэрашэ Тембот, Акъсырэ Залымхъан
Bu maddedeki ifadeler (1)
къэзылъэфри зылъэфыжри пщӀэркъым
руполная неразбериха (букв. не поймешь, кто тащит и кто уносит).
Kitapta geçtiği hali
къэлъэфын (къелъэф) перех. гл. приволочь кого-что-л. (сюда) / ЩӀым телъ, еӀусэ зыгуэр къеӀэурэ къэгъэӀпхъуэн, къэгъэсын. * Нанэ, нанэ, мы ди джэдум къилъэфа блэжьым еплъыт! Къ. З. Ашэбокъуэ къамылым хэлъадэри бланэ, щыхь къиукӀри къилъэфащ. фольк. 2. переносное притащить, привести насильно кого-л. / Зыгуэр фӀэмыфӀу, залымыгъэкӀэ къэшэн. * - Сэ хъаным и пхъум сыткӀэ сыхуэфащэ, жыфӀэр сыт емыкӀу! - жиӀэу зригъанэу, тхьэусыхэурэ къалъэфащ Наурызыр. КӀ. Т., Акъ. З. Къэзылъэфри зылъэфыжри пщӀэркъым полная неразбериха (букв. не поймешь, кто тащит и кто уносит).
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къелъэф)
1. ЩӀым телъ, еӀусэ зыгуэр къеӀэурэ къэгъэӀэпхъуэн.
[Алыджыкъуэ:] Арыншэми куэд лъандэрэ си ныбэ изу зэи сышхакъым, гъуэгуанэри гугъуащ, нобэ къэслъэфу скъута пхъэм къару лъэпкъ къысхинэжакъым, цӀыхубзым и гупэ сыгъуэлъми, схузэфӀэкӀын щӀагъуи щыӀэу си фӀэщ хъуркъым— МелыӀыч, 443
+2 örnek
Дзэшу машинэ къалъэфыр щилъагъум и къуэра игугъэри куэбжэм къыдэкӀауэ уэрамым дэтти вытӀощыщӀэр зыӀыгъ щӀалэм щӀэнэкӀащ: - Мыр лӀо, машинэм и напэр щхьэ тефхрэ— КӀапсэ кӀапэ, 5
БлэгущӀэм щӀэлъу ар [уӀэгъэ хъуа сэлэтыр] къелъэфыр, КӀуэдыпӀэм щӀалэр кърихащ— ЗэкъуэшитӀ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 19
2. Зыгуэр фӀэмыфӀу, залымыгъэкӀэ къэшэн.
[Мухътархэр зопсалъэ:] – СщӀэркъым: Хьэрун къоджэ жаӀэри сыкъалъэфащ— ХьэщӀэ лъапӀэ, 406
+1 örnek
[Аралпым] Къаплъэу Астемыр къыщилъагъум, жиӀэр къыбгурымыӀуэу зыгуэр къибжащ: «Укъалъэфа си гугъэщ, чачэу... физгъэсыкӀынщ сэ, фымыпӀащӀэ…» - жиӀэу— Хъуэпсэгъуэ нур, 114
Deyimler (1)
къэзылъэфри зылъэфыжри пщӀэнукъым
Ӏуэхур зэхэзырыхьауэ щытын.
Къэзылъэфри зылъэфыжри пщӀэнукъым, жыхуаӀэм хуэдэу, Мусэрэ Нурхьэлийрэ я Ӏуэхур псыхэкӀуадэ хъуами, къуажэм гуфӀэгъуэ куэд зэуэ къахуэкӀуащ: КӀэпӀий Андулыхь, Пэщ ЛутӀэ, Дзэгъэщтокъуэ Алим, фызабэ Бабыху сымэ я къуэхэу Къэбэрдей полъкум хэту «Туземнэ дивизэм» хэтахэр къэкӀуэжащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 208
+2 örnek
Къэзылъэфри пщӀэнукъым, зылъэфыжри пщӀэнукъым жыхуаӀэу къэралыр зэрыкъэралу зауэшхуэм хэкӀуадэ щыӀэми, дэ ди Ӏыхьэр Алыхьым узэрелъэӀунщ— Лъапсэ, 88
Къэзылъэфри зылъэфыжри пщӀэнукъым жыхуаӀэр аращ. Эвакуацэ, окупацэ жаӀэнщи, и пэжыпӀэр къыпхуэщӀэрэ— Нал къута, 276
Kitapta geçtiği hali
КЪЭЛЪЭФЫН (къелъэф) лъэӀ. (17). 1. (8). ЩӀым телъ, еӀусэ зыгуэр къеӀэурэ къэгъэӀэпхъуэн. [Алыджыкъуэ:] Арыншэми куэд лъандэрэ си ныбэ изу зэи сышхакъым, гъуэгуанэри гугъуащ, нобэ къэслъэфу скъута пхъэм къару лъэпкъ къысхинэжакъым, цӀыхубзым и гупэ сыгъуэлъми, схузэфӀэкӀын щӀагъуи щыӀэу си фӀэщ хъуркъым. МелыӀыч, 443. Дзэшу машинэ къалъэфыр щилъагъум и къуэра игугъэри куэбжэм къыдэкӀауэ уэрамым дэтти вытӀощыщӀэр зыӀыгъ щӀалэм щӀэнэкӀащ: - Мыр лӀо, машинэм и напэр щхьэ тефхрэ? КӀапсэ кӀапэ, 5. БлэгущӀэм щӀэлъу ар [уӀэгъэ хъуа сэлэтыр] къелъэфыр, КӀуэдыпӀэм щӀалэр кърихащ. ЗэкъуэшитӀ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 19. 2. (3). зэхь. Зыгуэр фӀэмыфӀу, залымыгъэкӀэ къэшэн. [Мухътархэр зопсалъэ:] – СщӀэркъым: Хьэрун къоджэ жаӀэри сыкъалъэфащ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 406. [Аралпым] Къаплъэу Астемыр къыщилъагъум, жиӀэр къыбгурымыӀуэу зыгуэр къибжащ: «Укъалъэфа си гугъэщ, чачэу... физгъэсыкӀынщ сэ, фымыпӀащӀэ…» - жиӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 114. ◊ Къэзылъэфри зылъэфыжри пщӀэнукъым (5). Ӏуэхур зэхэзырыхьауэ щытын. Къэзылъэфри зылъэфыжри пщӀэнукъым, жыхуаӀэм хуэдэу, Мусэрэ Нурхьэлийрэ я Ӏуэхур псыхэкӀуадэ хъуами, къуажэм гуфӀэгъуэ куэд зэуэ къахуэкӀуащ: КӀэпӀий Андулыхь, Пэщ ЛутӀэ, Дзэгъэщтокъуэ Алим, фызабэ Бабыху сымэ я къуэхэу Къэбэрдей полъкум хэту «Туземнэ дивизэм» хэтахэр къэкӀуэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 208. Къэзылъэфри пщӀэнукъым, зылъэфыжри пщӀэнукъым жыхуаӀэу къэралыр зэрыкъэралу зауэшхуэм хэкӀуадэ щыӀэми, дэ ди Ӏыхьэр Алыхьым узэрелъэӀунщ. Лъапсэ, 88. Къэзылъэфри зылъэфыжри пщӀэнукъым жыхуаӀэр аращ. Эвакуацэ, окупацэ жаӀэнщи, и пэжыпӀэр къыпхуэщӀэрэ… Нал къута, 276.