къэлъэтыхьын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къелъэтыхь)

Хьэуам хэту зыгуэр ихъуреягъкӀэ къэкӀухьын, къелъэтэкӀын. Къэуфэрэзыхьын, лъэтауэ къэкӀухьын.

руоблететь вокруг чего-л.

ЩӀы хъурейр къэлъэтыхьын. летать (хаотично)

+1 örnek

ПцӀащхъуэ цӀыкӀухэр зэрызехьэрт а махуэми, нобэ хуэдэу лъахъшабзэу къалъэтыхьу.— КӀыщокъуэ Алим

2. ЗэлъищӀэсын, дэнэкӀи нэсын (хъыбарыр).

руоблететь, разнестись (напр. о вести)

Дамэ тетым хуэдэу, къилъэтыхьырт хъыбарым.— Ӏуащхьэмахуэ

3. Къэжыхьын, псынщӀэу къэкӀухьын (цӀыху Ӏэрпхъуэрым хужаӀэ).

руноситься, летать (о суетливом человеке)

Kitapta geçtiği hali

къэлъэтыхьын (къелъэтыхь) перех. гл. облететь вокруг чего-л. / Хьэуам хэту зыгуэр ихъуреягъкӀэ къэкӀухьын, къелъэтэкӀын. ЩӀы хъурейр къэлъэтыхьын. летать (хаотично) / Къэуфэрэзыхьын, лъэтауэ къэкӀухьын. * ПцӀащхъуэ цӀыкӀухэр зэрызехьэрт а махуэми, нобэ хуэдэу лъахъшабзэу къалъэтыхьу. КӀ. А. 2. переносное облететь, разнестись (напр. о вести) / ЗэлъищӀэсын, дэнэкӀи нэсын (хъыбарыр). * Дамэ тетым хуэдэу, къилъэтыхьырт хъыбарым. Ӏуащхь. 3. носиться, летать (о суетливом человеке) / Къэжыхьын, псынщӀэу къэкӀухьын (цӀыху Ӏэрпхъуэрым хужаӀэ).

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къелъэтыхь)

1. Хьэуам хэту зыгуэр ихъуреягъкӀэ къэкӀухьын, къелъэтэкӀын.

Къэрней нэхущым къотэджри, Ӏыхьлы, ныбжьэгъухэм емыджэу, И анэм ӀэплӀэ хуещӀыжри, Зы псалъэ закъуи жимыӀэу, Пэплъэну Лоли имыдэу, кхъухьлъатэ щхъуантӀэм йотӀысхьэ, Бгъэм я тӀысыпӀэу бгы щыгур Хъурейуэ щэ къелъэтыхьыр— Адэ, 144

+1 örnek

Дунейр къэплъытэу пцӀащхъуэ абгъуэу Къэплъэтыхьауэ къогъэзэж.— Космонавт. «Мывэ хуабэ», 99

2. Къэуфэрэзыхьын, лъэтауэ къэкӀухьын.

Абдеж, мафӀаер къыщӀэнауэ, Зы самолетым къелъэтыхь, Иса лӀыхъужьыр, мес, къелъауэ И парашютыр пшэм хехухь— ЗэкъуэшитӀ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 17

+2 örnek

Сыкъуалэбзууэ къэслъэтыхьмэ, Щхьэлыкъуэщ дамэ щызгъуэтар— Сыжейми, си нэр зэтесхами… Щхьэлыкъуэ, 383

ПцӀащхъуэ цӀыкӀухэр зэрызехьэрт а махуэми, нобэ хуэдэу лъахъшабзэу къалъэтыхьу— Хъуэпсэгъуэ нур, 247

3. ЗэлъищӀысын, дэнэкӀи нэсын.

Сэ ӀэнэщӀу къэзгъэзэжрэ – Къалъэтыхьыр си уэрэдым, ЖэщкӀэ жыгыр я тӀысыпӀэу Арт я абгъуэр бзу мыкӀуэдым— Унэм уикӀрэ къэбгъэзэжмэ… Вагъуэ махуэ, 372

Kitapta geçtiği hali

КЪЭЛЪЭТЫХЬЫН (къелъэтыхь) лъэӀ. (12). 1. (2). Хьэуам хэту зыгуэр ихъуреягъкӀэ къэкӀухьын, къелъэтэкӀын. Къэрней нэхущым къотэджри, Ӏыхьлы, ныбжьэгъухэм емыджэу, И анэм ӀэплӀэ хуещӀыжри, Зы псалъэ закъуи жимыӀэу, Пэплъэну Лоли имыдэу, кхъухьлъатэ щхъуантӀэм йотӀысхьэ, Бгъэм я тӀысыпӀэу бгы щыгур Хъурейуэ щэ къелъэтыхьыр. «Адэ», 144. Дунейр къэплъытэу пцӀащхъуэ абгъуэу Къэплъэтыхьауэ къогъэзэж. Космонавт. «Мывэ хуабэ», 99. 2. (7). Къэуфэрэзыхьын, лъэтауэ къэкӀухьын. Абдеж, мафӀаер къыщӀэнауэ, Зы самолетым къелъэтыхь, Иса лӀыхъужьыр, мес, къелъауэ И парашютыр пшэм хехухь. ЗэкъуэшитӀ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 17. Сыкъуалэбзууэ къэслъэтыхьмэ, Щхьэлыкъуэщ дамэ щызгъуэтар. Сыжейми, си нэр зэтесхами… «Щхьэлыкъуэ», 383. ПцӀащхъуэ цӀыкӀухэр зэрызехьэрт а махуэми, нобэ хуэдэу лъахъшабзэу къалъэтыхьу. Хъуэпсэгъуэ нур, 247. 3. (1). зэхь. ЗэлъищӀысын, дэнэкӀи нэсын. Сэ ӀэнэщӀу къэзгъэзэжрэ – Къалъэтыхьыр си уэрэдым, ЖэщкӀэ жыгыр я тӀысыпӀэу Арт я абгъуэр бзу мыкӀуэдым. Унэм уикӀрэ къэбгъэзэжмэ… «Вагъуэ махуэ», 372.

Düzeltme Öner

къэлъэтыхьын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.