къэлъагъун

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къелъагъу)

1. Зыгуэрым теплъэн, нэр техуэн.

руувидеть кого-что-л.

2. КъэцӀыхун, къэщӀэн, зыгуэрым гу лъытэн, хуэфащэ пщӀэ хуэщӀын.

руоценить, заметить кого-что-л.

- Къэтлъэгъунщ уи лӀыгъэри, къэтлъэгъунщ уи цӀыхугъэри, - жаӀэ хуэдэт щӀалэм къыпежьа цӀыхухэм.— Ӏуащхьэмахуэ

Kitapta geçtiği hali

къэлъагъун (къелъагъу) перех. гл. 1. увидеть кого-что-л. / Зыгуэрым теплъэн, нэр техуэн. 2. переносное оценить, заметить кого-что-л. / КъэцӀыхун, къэщӀэн, зыгуэрым гу лъытэн, хуэфащэ пщӀэ хуэщӀын. * - Къэтлъэгъунщ уи лӀыгъэри, къэтлъэгъунщ уи цӀыхугъэри, - жаӀэ хуэдэт щӀалэм къыпежьа цӀыхухэм. Ӏуащхь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къелъагъу)

1. Зыгуэрым теплъэн, нэр техуэн. -402.

[БырмамытӀ:] Псынэм деж дыщетӀысэхам мафӀэ тӀэкӀу тщӀат, хьэлывэ къыздетхьэжьар дгъэхуэбэжынуи, Алыхьым ещӀэ Шамум къызэрилъэгъуар: ашыч хыфӀадзэжа гуэрым и щӀагъым скорпион щӀэсу къилъэгъуащ— ХьэщӀэ лъапӀэ, 401

+2 örnek

КъеплъэкӀуауэ [Федя] Къилъэгъуащ Марфэ щыту: «ФӀыкӀэ, Марфэ, узыншэу, Уи гум куэдрэ сыкъэгъэкӀ» Марфэ магъыр насыпыншэу. «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 160

Бжьэпэм къэсыжу я унэр къыщилъагъум, Апчарэ гуфӀэщауэ и гур къызэфӀэнащ— Нал къута, 223

2. КъэцӀыхун, къэщӀэн, зыгуэрым гу лъытэн, хуэфащэ пщӀэ хуэщӀын.

[Алыджыкъуэ:] Езы цӀыхубзри гуитӀщхьитӀ зэрыхъуар белджылыт, «щӀэкӀыж» жиӀами, зизмылъэфыхьу сыкъежьэжынут, арщхьэкӀэ цӀыху къайгъэншэу сыкъыщилъагъум, и унэм нэху сыкъыщекӀмэ, нэхъ фӀэфӀу къыщӀэкӀынт— МелыӀыч, 442

+2 örnek

Ӏэдэм и фейдэ зыхэлъыр къилъэгъуащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 633

– Зи лажьи хъати уимыӀэу укъилъагъумэ, и гуапэ хъунщ, - жиӀащ Къулым [Апчарэ зыхуигъазэу]— Нал къута, 264

3. ФӀыуэ, ӀэфӀу зыгуэрым хущытын.

Я къуэшым хуэдэу укъалъагъуу Уи бийхэм я гур хагъэщӀащ— Лермонтов. «Батырыбжьэ», 49

+2 örnek

Уи нэу, уи псэу сыкъэплъагъурт, Нэм сыщӀэлъми сыщӀумыхт— Уи нэу, уи псэу сыкъэплъагъурт. «Вагъуэ махуэ», 370

Япэм зым къилъагъу хъуртэкъым, иджы езым [ПӀытӀу] фӀэкӀа цӀыхубз зэплъ хъун щымыӀэ игугъэжщ— Щынэхужьыкъуэ, 52

Kitapta geçtiği hali

КЪЭЛЪАГЪУН (къелъагъу) лъэӀ. (153). 1. (145). Зыгуэрым теплъэн, нэр техуэн. [БырмамытӀ:] Псынэм деж дыщетӀысэхам мафӀэ тӀэкӀу тщӀат, хьэлывэ къыздетхьэжьар дгъэхуэбэжынуи, Алыхьым ещӀэ Шамум къызэрилъэгъуар: ашыч хыфӀадзэжа гуэрым и щӀагъым скорпион щӀэсу къилъэгъуащ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 401-402. КъеплъэкӀуауэ [Федя] Къилъэгъуащ Марфэ щыту: «ФӀыкӀэ, Марфэ, узыншэу, Уи гум куэдрэ сыкъэгъэкӀ» Марфэ магъыр насыпыншэу. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 160. Бжьэпэм къэсыжу я унэр къыщилъагъум, Апчарэ гуфӀэщауэ и гур къызэфӀэнащ. Нал къута, 223. 2. (3). зэхь. КъэцӀыхун, къэщӀэн, зыгуэрым гу лъытэн, хуэфащэ пщӀэ хуэщӀын. [Алыджыкъуэ:] Езы цӀыхубзри гуитӀщхьитӀ зэрыхъуар белджылыт, «щӀэкӀыж» жиӀами, зизмылъэфыхьу сыкъежьэжынут, арщхьэкӀэ цӀыху къайгъэншэу сыкъыщилъагъум, и унэм нэху сыкъыщекӀмэ, нэхъ фӀэфӀу къыщӀэкӀынт. МелыӀыч, 442. Ӏэдэм и фейдэ зыхэлъыр къилъэгъуащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 633. – Зи лажьи хъати уимыӀэу укъилъагъумэ, и гуапэ хъунщ, - жиӀащ Къулым [Апчарэ зыхуигъазэу]. Нал къута, 264. 3. (3). ФӀыуэ, ӀэфӀу зыгуэрым хущытын. Я къуэшым хуэдэу укъалъагъуу Уи бийхэм я гур хагъэщӀащ. Лермонтов. «Батырыбжьэ», 49. Уи нэу, уи псэу сыкъэплъагъурт, Нэм сыщӀэлъми сыщӀумыхт. Уи нэу, уи псэу сыкъэплъагъурт. «Вагъуэ махуэ», 370. Япэм зым къилъагъу хъуртэкъым, иджы езым [ПӀытӀу] фӀэкӀа цӀыхубз зэплъ хъун щымыӀэ игугъэжщ. Щынэхужьыкъуэ, 52.

Düzeltme Öner

къэлъагъун
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.