къэкӀуэтэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къокӀуатэ)
МащӀэу къэкӀуэн, нэхъ гъунэгъу къэхъун.
руприблизиться, (на более близкое расстояние)
Абы хэту Сэтэней гуащэр мащӀэу къокӀуатэ гупэкӀэ.— Адыгэ ӀуэрыӀуатэхэр
Kitapta geçtiği hali
къэкӀуэтэн (къокӀуатэ) неперех. гл. приблизиться, (на более близкое расстояние) / МащӀэу къэкӀуэн, нэхъ гъунэгъу къэхъун. * Абы хэту Сэтэней гуащэр мащӀэу къокӀуатэ гупэкӀэ. Ад. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къокӀуатэ)
МащӀэу къэкӀуэн, нэхъ гъунэгъу къэхъун.
Хьэуар абы хуэдизкӀэ къабзэ хъуащи, бгыр нэхъ гъунэгъуу къэкӀуэта хуэдэщ— Щынэхужьыкъуэ, 53
+2 örnek
[БырмамытӀ:] Ехудийр къыттезэрыхь щыхъум, Ӏэщэри цӀыхури къыдэмэщӀэкӀырти, унафэ къысхуащӀат [Ӏэтащхьэм]: «ФхуэмыӀыгъынумэ, къалэм фыкъыдэкӀи, мыбэкӀэ фыкъэкӀуатэ», - жаӀэри— ХьэщӀэ лъапӀэ, 399
Мес толъкъуныжьыр утхытхэу, ТкӀуаткӀуэу, уфафэу къокӀуатэр Бгым пэмылъэщми мыгухэу Гызу а уардэр мэкъутэр.— Толъкъун. «Бгы лъапэхэм деж», 111
Kitapta geçtiği hali
КЪЭКӀУЭТЭН (къокӀуатэ) лъэмыӀ. (10). МащӀэу къэкӀуэн, нэхъ гъунэгъу къэхъун. Хьэуар абы хуэдизкӀэ къабзэ хъуащи, бгыр нэхъ гъунэгъуу къэкӀуэта хуэдэщ. Щынэхужьыкъуэ, 53. [БырмамытӀ:] Ехудийр къыттезэрыхь щыхъум, Ӏэщэри цӀыхури къыдэмэщӀэкӀырти, унафэ къысхуащӀат [Ӏэтащхьэм]: «ФхуэмыӀыгъынумэ, къалэм фыкъыдэкӀи, мыбэкӀэ фыкъэкӀуатэ», - жаӀэри. ХьэщӀэ лъапӀэ, 399. Мес толъкъуныжьыр утхытхэу, ТкӀуаткӀуэу, уфафэу къокӀуатэр Бгым пэмылъэщми мыгухэу Гызу а уардэр мэкъутэр. Толъкъун. «Бгы лъапэхэм деж», 111.