къэкъуэлъэн

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

fokurdamak
Doğuкъэкъуэлъэн
Batıкъэкъорэлъэн
Kitapta geçtiği hali

къэкъорэлъэн/къэкъуэлъэн; FOKURDAMAK

къэкъуэлъэн/къэкъорэлъэн; FOKURDAMAK

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къокъуалъэ)

1. Къэвэн, пщтыр къызэрыхъуам къыхэкӀыу къыдрихуеин. Лэгъупыр къокъуалъэ.

рукипеть

Феблагъэ фешами, Ди лэпсыр къокъуалъэ.— КӀыщокъуэ Алим

2. Губжьын, зышхыхьыжын (цӀыхум хужаӀэ); етэн (при къэхъукъащӀэхэм щхьэкӀэ жаӀэ).

рувозмущаться, негодовать

Къокъуалъэ бампӀэ ди акъылыр.— Теунэ Хьэчим

Bu maddedeki ifadeler (1)

лъыр къэкъуэлъэн

Еплъ: лъы

Kitapta geçtiği hali

къэкъуэлъэн (къокъуалъэ) неперех. гл. 1. кипеть / Къэвэн, пщтыр къызэрыхъуам къыхэкӀыу къыдрихуеин. Лэгъупыр къокъуалъэ. * Феблагъэ фешами, Ди лэпсыр къокъуалъэ. КӀ. А. 2. переносное возмущаться, негодовать / Губжьын, зышхыхьыжын (цӀыхум хужаӀэ); етэн (при къэхъукъащӀэхэм щхьэкӀэ жаӀэ). * Къокъуалъэ бампӀэ ди акъылыр. Т. Хь. Лъыр къэкъуэлъэн см. лъы.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къокъуалъэ)

1. Къэвэн, пщтыр къызэрыхъуам къыхэкӀыу къыдрихуеин.

Уэрэдхэр ди дежкӀэ Жьгъырууэ щолъалъэ Феблагъэ фешами, Ди лэпсыр къокъуалъэ, Кхъуейжьапхъэр къыхэфхми Дэ шатэ ди куэдкъэ, Махъсымэр фыфӀэфӀми Фо хэлъу хьэзыркъэ— Колхоз уэрэд. «Бгы лъапэхэм деж», 105

+1 örnek

Елдар и тхьэкӀумитӀыр тригъэхуауэ къедаӀуэу гу щылъитэм, Думэсарэ нэхъри къызэрыкӀащ: - Си Ӏэр псывэм хэсӀунтэкъым, Астемыр, псы къэкъуалъэм лажьэ зимыӀэ хэвыхьу сымылъэгъуатэмэ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542

2. Къэукъубеин.

Бгыху зэкӀэлъыкӀуэм я щӀагъым Псыр къыщыкъуалъэу къожэх, Толъкъуну жанхэм бгы къуагъым Я макъыр жьым зэӀэпах— Гъатхэ. «Бгы лъапэхэм деж», 109

+2 örnek

Дэ итӀанэ Волгэ Ӏуфэ ТекӀуэныгъэм дыхуэгуфӀэу Доныпс къабзэр къыщыкъуалъэм Мы си каскэмкӀэ щӀэдгъалъэу Деплъым – каскэм и щӀыхь лъапӀэр Хъунущ, дауи, нэхъри лъапӀэ— Волгэ Ӏуфэ. «Партыр ди пашэу», 15

Бгы лъабжьэм къэкъуалъэу Чопракъыпс щожэх, зэм бгъуэнщӀагъым щӀокӀуадэ, зэми бгым, нэпкъым йоуэкӀ— Нал къута, 299

Deyimler (1)

лъыр къэкъуэлъэн

Еплъ: лъы

Kitapta geçtiği hali

КЪЭКЪУЭЛЪЭН (къокъуалъэ) лъэмыӀ. (12). 1. (3). Къэвэн, пщтыр къызэрыхъуам къыхэкӀыу къыдрихуеин. Уэрэдхэр ди дежкӀэ Жьгъырууэ щолъалъэ Феблагъэ фешами, Ди лэпсыр къокъуалъэ, Кхъуейжьапхъэр къыхэфхми Дэ шатэ ди куэдкъэ, Махъсымэр фыфӀэфӀми Фо хэлъу хьэзыркъэ. Колхоз уэрэд. «Бгы лъапэхэм деж», 105. Елдар и тхьэкӀумитӀыр тригъэхуауэ къедаӀуэу гу щылъитэм, Думэсарэ нэхъри къызэрыкӀащ: - Си Ӏэр псывэм хэсӀунтэкъым, Астемыр, псы къэкъуалъэм лажьэ зимыӀэ хэвыхьу сымылъэгъуатэмэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542. 2. (8). Къэукъубеин. Бгыху зэкӀэлъыкӀуэм я щӀагъым Псыр къыщыкъуалъэу къожэх, Толъкъуну жанхэм бгы къуагъым Я макъыр жьым зэӀэпах. Гъатхэ. «Бгы лъапэхэм деж», 109. Дэ итӀанэ Волгэ Ӏуфэ ТекӀуэныгъэм дыхуэгуфӀэу Доныпс къабзэр къыщыкъуалъэм Мы си каскэмкӀэ щӀэдгъалъэу Деплъым – каскэм и щӀыхь лъапӀэр Хъунущ, дауи, нэхъри лъапӀэ. Волгэ Ӏуфэ. «Партыр ди пашэу», 15. Бгы лъабжьэм къэкъуалъэу Чопракъыпс щожэх, зэм бгъуэнщӀагъым щӀокӀуадэ, зэми бгым, нэпкъым йоуэкӀ. Нал къута, 299. ◊ Лъыр къэкъуэлъэн (2). Еплъ лъы.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

fokurdamak

Düzeltme Öner

къэкъуэлъэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.