къэзакъ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Урыс лъэпкъхэм ящыщ зы.
руказак
Kitapta geçtiği hali
къэзакъ устар. казак / Урыс лъэпкъхэм ящыщ зы.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Урыс лъэпкъхэм ящыщ зы, Къэбэрдейм е-18-нэ лӀэщӀыгъуэм и ныкъуэм къыдэтӀысхьауэ щытауэ.
Ар [къэзакъхэм Мэмэтыр зэрыкӀуэцӀыкъухьар] зылъэгъуа щыӀэу гу лъитатэкъыми, пцӀы иупсащ, къэзакъхэмрэ Грознэм дэс рабочэхэмрэ махуищэкӀэ щызэзэуам щыгъуэ Мэмэтыр рабочэм яхэту къэзакъым езэуауэ— Лъапсэ, 46
+2 örnek
Махуэ къэс къуажэм зыгуэрхэр къыдотӀысхьэ: къэзакъхэр зэрыӀыгъыу къоӀэпхъуэ, осетинхэри хьэблэ-хьэблэ зэрыгъэхъуу къокӀуэри зэунэкъуэщхэр зэгъунэгъуу мэтӀыс, нэхъ унэфӀхэр зэпаубыдри къэзакъхэмрэ осетинхэмрэ щызэфӀэни щызэзэуапи къохъур— МелыӀыч, 468
Къуажэ зэӀущӀэм щыжаӀащ: «Мыращ Ӏуэхур зыӀутыр: унафэщӀхэм ди пщэ къыдалъхьащ къэзакъхэм псыӀэрышэ яхуэтшэну»— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 524
2. Къэзакъхэм еин.
Хьэпсым ис зы гупышхуэ эвакуацэ ящӀу здахум, къэзакъ станицэ гуэрым нэблэгъауэ, «шокъу» жиӀэу нэмыцэ мотоциклист защӀэу дзэ къакӀуэу къахуэзащ— Къалэн, 433
+2 örnek
Деникиным и къэзакъыдзэр хьэбэсабэ ящӀри Дзэ Плъыжьыр, Псыхуабэ къащтауэ, КъалэкӀыхьым къэблэгъат— Хъуэпсэгъуэ нур, 308
Илъэс ныкъуэ нэхъыбэ дэмыкӀыу, щӀымахуэ пщыхьэщхьэр хэкӀуэтауэ, къэзакъ шу зыкъом Степан Ильич деж къыдэлъэдащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 203
Kitapta geçtiği hali
КЪЭЗАКЪ (41). 1. (32). Урыс лъэпкъхэм ящыщ зы, Къэбэрдейм е-18-нэ лӀэщӀыгъуэм и ныкъуэм къыдэтӀысхьауэ щытауэ. Ар [къэзакъхэм Мэмэтыр зэрыкӀуэцӀыкъухьар] зылъэгъуа щыӀэу гу лъитатэкъыми, пцӀы иупсащ, къэзакъхэмрэ Грознэм дэс рабочэхэмрэ махуищэкӀэ щызэзэуам щыгъуэ Мэмэтыр рабочэм яхэту къэзакъым езэуауэ. Лъапсэ, 46. Махуэ къэс къуажэм зыгуэрхэр къыдотӀысхьэ: къэзакъхэр зэрыӀыгъыу къоӀэпхъуэ, осетинхэри хьэблэ-хьэблэ зэрыгъэхъуу къокӀуэри зэунэкъуэщхэр зэгъунэгъуу мэтӀыс, нэхъ унэфӀхэр зэпаубыдри къэзакъхэмрэ осетинхэмрэ щызэфӀэни щызэзэуапи къохъур. МелыӀыч, 468. Къуажэ зэӀущӀэм щыжаӀащ: «Мыращ Ӏуэхур зыӀутыр: унафэщӀхэм ди пщэ къыдалъхьащ къэзакъхэм псыӀэрышэ яхуэтшэну». Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 524. 2. (9). плъыф. мыхь. Къэзакъхэм еин. Хьэпсым ис зы гупышхуэ эвакуацэ ящӀу здахум, къэзакъ станицэ гуэрым нэблэгъауэ, «шокъу» жиӀэу нэмыцэ мотоциклист защӀэу дзэ къакӀуэу къахуэзащ. Къалэн, 433. Деникиным и къэзакъыдзэр хьэбэсабэ ящӀри Дзэ Плъыжьыр, Псыхуабэ къащтауэ, КъалэкӀыхьым къэблэгъат. Хъуэпсэгъуэ нур, 308. Илъэс ныкъуэ нэхъыбэ дэмыкӀыу, щӀымахуэ пщыхьэщхьэр хэкӀуэтауэ, къэзакъ шу зыкъом Степан Ильич деж къыдэлъэдащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 203.