къэжыхьын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къежыхь)

1. ЖэрыгъэкӀэ къэкӀухьын. Зэхэзежэн, Ӏэрпхъуэрын. 3. (къежыхь) п Зыгуэрым къежэкӀын, ихъуреягъкӀэ жэрыжэкӀэ къэкӀухьын.

рубегать 2

Уи псэм лъыхъуэу ди биижьхэр Уи яужь иту къажыхьащ.— Теунэ Хьэчим

+4 örnek

переносное— носиться, суетиться

ерех. гл.— обежать вокруг

кого-чего-л.

Мыщэ шум гуартэм и хъуреягъыр къижыхьырт.— КъардэнгъущӀ Зырамыку

Kitapta geçtiği hali

къэжыхьын (къежыхь) неперех. гл. 1. бегать / ЖэрыгъэкӀэ къэкӀухьын. * Уи псэм лъыхъуэу ди биижьхэр Уи яужь иту къажыхьащ. Т. Хь. 2. переносное носиться, суетиться / Зэхэзежэн, Ӏэрпхъуэрын. 3. (къежыхь) перех. гл. обежать вокруг кого-чего-л. / Зыгуэрым къежэкӀын, ихъуреягъкӀэ жэрыжэкӀэ къэкӀухьын. * Мыщэ шум гуартэм и хъуреягъыр къижыхьырт. Къ. З.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къежыхь)

1. ЖэрыгъэкӀэ къэкӀухьын, зэхэзежэн.

Джалэукъэтэджыжу джэджьей цӀыкӀухэр къиубыдын и гугъэу къежыхь [Данэ]— Щынэхужьыкъуэ, 59

+2 örnek

Лу сымэ Жыраслъэнхэ я пщӀантӀэм щызэрызехьэу гуащэм къилъагъумэ, гъумэтӀымэрт, плъагъурэ я гъуамэхэр, урыс гъуэншэдж ящыгъыу къажыхьыр, адыгэ щыгъын зэрапэсыжыркъым, жиӀэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 629

Ахьмэд старшинэу увати Къижыхьт, гузавэт, щӀэупщӀэрт, Шыр зыдэкӀуари имыщӀэт— Адэ, 138

2. Зыгуэрым ису кӀуэн.

Риммэ [Илэ зыхуигъазэу]: Жэщми махуэми маршынэ цӀыкӀум уису къыбожыхь— Гъуэгуанэ, 116

+1 örnek

ЕуэкӀыпӀэм щымышынэу А хъыджэбзым, мес, къежыхь, Адыгэпхъур исщ машинэм, И лэжьыгъэм пылъу щӀыхь— Хъыджэбз шофер. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 46

(къежыхь)

Зыгуэрым къежэкӀын, ихъуреягъкӀэ жэрыжэкӀэ къэкӀухьын.

Стадионышхуэр хъурейуэ НыбжьыщӀэ жэрхэм къажыхьыр, Яхь эстафетэр зэпеуэу, Хохъуэ зыхьыфым и щӀыхьыр— Эстафетэ. «Партыр ди пашэу», 11

+1 örnek

Пхъэ куэд паупщӀрэ мафӀэшхуэ ящӀмэ, щӀалэ цӀыкӀум мафӀэм и хъуреягъкӀэ къежыхь, мэзым пхъэ гъур къыщӀелъэф, мафӀэм тредзэ— Лъапсэ, 101

Kitapta geçtiği hali

КЪЭЖЫХЬЫН I (къежыхь) лъэмыӀ. (39). 1. (36). ЖэрыгъэкӀэ къэкӀухьын, зэхэзежэн. Джалэукъэтэджыжу джэджьей цӀыкӀухэр къиубыдын и гугъэу къежыхь [Данэ]. Щынэхужьыкъуэ, 59. Лу сымэ Жыраслъэнхэ я пщӀантӀэм щызэрызехьэу гуащэм къилъагъумэ, гъумэтӀымэрт, плъагъурэ я гъуамэхэр, урыс гъуэншэдж ящыгъыу къажыхьыр, адыгэ щыгъын зэрапэсыжыркъым, жиӀэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 629. Ахьмэд старшинэу увати Къижыхьт, гузавэт, щӀэупщӀэрт, Шыр зыдэкӀуари имыщӀэт. «Адэ», 138. 2. (3). Зыгуэрым ису кӀуэн. Риммэ [Илэ зыхуигъазэу]: Жэщми махуэми маршынэ цӀыкӀум уису къыбожыхь. Гъуэгуанэ, 116. ЕуэкӀыпӀэм щымышынэу А хъыджэбзым, мес, къежыхь, Адыгэпхъур исщ машинэм, И лэжьыгъэм пылъу щӀыхь. Хъыджэбз шофер. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 46.

КЪЭЖЫХЬЫН II (къежыхь) лъэӀ. (4). Зыгуэрым къежэкӀын, ихъуреягъкӀэ жэрыжэкӀэ къэкӀухьын. Стадионышхуэр хъурейуэ НыбжьыщӀэ жэрхэм къажыхьыр, Яхь эстафетэр зэпеуэу, Хохъуэ зыхьыфым и щӀыхьыр. Эстафетэ. «Партыр ди пашэу», 11. Пхъэ куэд паупщӀрэ мафӀэшхуэ ящӀмэ, щӀалэ цӀыкӀум мафӀэм и хъуреягъкӀэ къежыхь, мэзым пхъэ гъур къыщӀелъэф, мафӀэм тредзэ. Лъапсэ, 101.

Düzeltme Öner

къэжыхьын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.