къэджэдэжын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къоджэдэж)
КъекӀуэлӀэжын, къэгъэзэжын.
рупросторечие притащиться, прибрести (домой)
Дунейр къызэхикӀухьу къэджэдэжа иужь, Нурхьэлий и гугъащ зыщӀыпӀэ Ӏуувэу лӀыщӀэну.— КӀыщокъуэ Алим
Kitapta geçtiği hali
къэджэдэжын (къоджэдэж) неперех. гл. просторечие притащиться, прибрести (домой) / КъекӀуэлӀэжын, къэгъэзэжын. * Дунейр къызэхикӀухьу къэджэдэжа иужь, Нурхьэлий и гугъащ зыщӀыпӀэ Ӏуувэу лӀыщӀэну. КӀ. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къоджэдэж)
КъекӀуэлӀэжын, къэгъэзэжын.
Мэчэ- Мэдинэ нэс джадэу къэджэдэжа и къуэшыжьым ещхьу езыми [Нурхьэлий] къикӀухьыну мурад ищӀати, еуэри ежьащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 136
+2 örnek
Нурхьэлий мащӀэрэ къэта, къигъэзэжати, къыхэхъуаи сыти щымыӀэу къэджэдэжащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 198
[Мариам и пхъум жреӀэ:] УзэхэфыщӀэжауэ укъэджэдэжай— Лэчымэ, 394
Kitapta geçtiği hali
КЪЭДЖЭДЭЖЫН (къоджэдэж) лъэмыӀ. (6). къызэр. КъекӀуэлӀэжын, къэгъэзэжын. Мэчэ- Мэдинэ нэс джадэу къэджэдэжа и къуэшыжьым ещхьу езыми [Нурхьэлий] къикӀухьыну мурад ищӀати, еуэри ежьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 136. Нурхьэлий мащӀэрэ къэта, къигъэзэжати, къыхэхъуаи сыти щымыӀэу къэджэдэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 198. [Мариам и пхъум жреӀэ:] УзэхэфыщӀэжауэ укъэджэдэжай! Лэчымэ, 394.