къэгъэхьэзырын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къегъэхьэзыр)
1. Зыгуэр хьэзыр щӀын, зэгъэпэщын. -471.
ЯмыщӀэххэу фронтыр Армавир деж нэмыцэм къыщызэпатхъати, окопэ къагъэхьэзырауэ щытар ди дзэм яубыдыпӀэ имыхуэу къызэрыӀухащ— Нал къута, 211
+2 örnek
[Дэфэрэдж:] Аннэ Павловнэ узыхуей илъэпкъыр къигъэхьэзыращ, иджы аргуэру анализ зэ едгъэщӀынщӀи, Ӏуэхум и ужь дихьэнщ щыжытӀэ дыдэм кӀэлындорымкӀэ къиӀукӀыу Ӏэуэлъауэ зэхэтхащ— Лъапсэ, 16
[Алыджыкъуэ:] Лулэмрэ зажигалкэмрэ и пащхьэм ислъхьэри жесӀэн хуеяр жесӀати, псалъэ си жьэм къыжьэдигъэкӀакъым, чыфтанц тӀэкӀур къигъэхьэзырауэ къыщӀэкӀри быхъи-сыхъи жимыӀэу къысхуишиящ, бзагуитӀ зэхуэза хуэдэу— МелыӀыч, 470
2. Зыгуэр пщэфӀын.
[Дзэшу] Къурмэныл тӀэкӀу къихьар и нысэм фӀы дыдэу къигъэхьэзыра щхьэкӀэ, хьысэпылым нэхърэ нэхъ Ӏейуэ и гур щокӀ— КӀапсэ кӀапэ, 16
Kitapta geçtiği hali
КЪЭГЪЭХЬЭЗЫРЫН (къегъэхьэзыр) лъэӀ. (8). 1. (7). Зыгуэр хьэзыр щӀын, зэгъэпэщын. ЯмыщӀэххэу фронтыр Армавир деж нэмыцэм къыщызэпатхъати, окопэ къагъэхьэзырауэ щытар ди дзэм яубыдыпӀэ имыхуэу къызэрыӀухащ. Нал къута, 211. [Дэфэрэдж:] Аннэ Павловнэ узыхуей илъэпкъыр къигъэхьэзыращ, иджы аргуэру анализ зэ едгъэщӀынщӀи, Ӏуэхум и ужь дихьэнщ щыжытӀэ дыдэм кӀэлындорымкӀэ къиӀукӀыу Ӏэуэлъауэ зэхэтхащ. Лъапсэ, 16. [Алыджыкъуэ:] Лулэмрэ зажигалкэмрэ и пащхьэм ислъхьэри жесӀэн хуеяр жесӀати, псалъэ си жьэм къыжьэдигъэкӀакъым, чыфтанц тӀэкӀур къигъэхьэзырауэ къыщӀэкӀри быхъи-сыхъи жимыӀэу къысхуишиящ, бзагуитӀ зэхуэза хуэдэу. МелыӀыч, 470-471. 2. (1). Зыгуэр пщэфӀын. [Дзэшу] Къурмэныл тӀэкӀу къихьар и нысэм фӀы дыдэу къигъэхьэзыра щхьэкӀэ, хьысэпылым нэхърэ нэхъ Ӏейуэ и гур щокӀ. КӀапсэ кӀапэ, 16.