къэгъэсэбэпын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къегъэсэбэп)
Къэгъэщхьэпэн, сэбэп къыпыхын, сэбэп зыхуэгъэхъун.
руиспользовать кого-что-л.
Поэмэр щитхым ПащӀэ Бэчмырзэ ӀэкӀуэлъакӀуэу къигъэсэбэпащ цӀыхубэм я ӀуэрыӀуатэр.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
къэгъэсэбэпын (къегъэсэбэп) перех. гл. использовать кого-что-л. / Къэгъэщхьэпэн, сэбэп къыпыхын, сэбэп зыхуэгъэхъун. * Поэмэр щитхым ПащӀэ Бэчмырзэ ӀэкӀуэлъакӀуэу къигъэсэбэпащ цӀыхубэм я ӀуэрыӀуатэр. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къегъэсэбэп)
ЗыгуэркӀэ зыгуэр къэгъэщхьэпэн, сэбэп зыхуэгъэхъун.
Абы хуэдизу игъэщэхуу зоотехникым Апчарэ кърита пакетым итар директивэщӀэт, «БотаникэмкӀэ езыгъаджэхэр къэвгъэсэбэпурэ удз хущхъуэ зэхуэфхьэс» жиӀэу арат— Щынэхужьыкъуэ, 58
+2 örnek
Инал и бийхэм я щхьэр къаӀэтат, фыз Ӏуэхур къагъэсэбэпу Инал ягъэулъиймэ яфӀэфӀу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 516
Пэжу, япэм щӀопщакӀуэм шейтӀани, жини, алмэстыи – Ӏэджэ пыщӀауэ щытащ, иджы а къомыр пыгъэлъэлъыжауэ щӀопщакӀуэр цӀыхум нэхъ сэбэп зэрыхуэхъунум хуэдэу гъэкъэбзэжамэ, дохутырым я арсеналым хэбгъэувэмэ, ягъэ кӀынукъым, псом хуэмыдэу операцэ ящӀа сымаджэм ущеӀэзэм деж къэбгъэсэбэпу— Лъапсэ, 29
Kitapta geçtiği hali
КЪЭГЪЭСЭБЭПЫН (къегъэсэбэп) лъэӀ. (5). ЗыгуэркӀэ зыгуэр къэгъэщхьэпэн, сэбэп зыхуэгъэхъун. Абы хуэдизу игъэщэхуу зоотехникым Апчарэ кърита пакетым итар директивэщӀэт, «БотаникэмкӀэ езыгъаджэхэр къэвгъэсэбэпурэ удз хущхъуэ зэхуэфхьэс» жиӀэу арат. Щынэхужьыкъуэ, 58. Инал и бийхэм я щхьэр къаӀэтат, фыз Ӏуэхур къагъэсэбэпу Инал ягъэулъиймэ яфӀэфӀу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 516. Пэжу, япэм щӀопщакӀуэм шейтӀани, жини, алмэстыи – Ӏэджэ пыщӀауэ щытащ, иджы а къомыр пыгъэлъэлъыжауэ щӀопщакӀуэр цӀыхум нэхъ сэбэп зэрыхуэхъунум хуэдэу гъэкъэбзэжамэ, дохутырым я арсеналым хэбгъэувэмэ, ягъэ кӀынукъым, псом хуэмыдэу операцэ ящӀа сымаджэм ущеӀэзэм деж къэбгъэсэбэпу. Лъапсэ, 29.