къэгъэпсынщӀэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
гъэпсынкӀэн/гъэпсынщӀэн (егъэпсынкӀэ/егъэпсынщӀэ); егъэпӀэщӀэкӀын (ирегъэпӀэщӀэкӀ); гъэпӀэщӀэн (егъэпӀащӀэ); къэгъэпсынкӀэн/къэгъэпсынщӀэн (къегъэпсынкӀэ/къегъэпсынщӀэ); къэгъэпӀэщӀэн (къегъэпӀащӀэ); къегъэпӀэщӀэкӀын (кърегъэпӀэщӀэкӀ); гъэпӀэтӀрэон/гъэпӀэтӀэуэн (егъэпӀэтӀрао/егъэпӀэтӀауэ); къэгъэпӀэтӀрэон/къэгъэпӀэтӀэуэн (къегъэпӀэтӀрао/къегъэпӀэтӀауэ); гъэхъыен/ гъэхъеин (егъэхъые/егъэхъей); къэгъэхъыен/къэгъэхъеин (къегъэхъые/къегъэхъей); CANLANDIRMAK 4, HAREKETLENDİRMEK
къэгъэпсынкӀэн/къэгъэпсынщӀэн → гъэпсынкӀэн; CANLANDIRMAK 4
къэгъэпсынщӀэн/къэгъэпсынкӀэн → гъэпсынкӀэн; CANLANDIRMAK 4
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: гъэпсынкӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къегъэпсынщӀэ)
Нэхъ псынщӀэ, нэхъ лэжьэгъуафӀэ, нэхъ зэфӀэгъэкӀыгъуафӀэ къэщӀын.
руоблегчить что-л. кому-л. (напр. работу)
Машинэхэр куэду къагъэсэбэп зэрыхъуам мэкъумэш лэжьыгъэхэр къагъэпсынщӀэ.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
къэгъэпсынщӀэн (къегъэпсынщӀэ) перех. гл. облегчить что-л. кому-л. (напр. работу) / Нэхъ псынщӀэ, нэхъ лэжьэгъуафӀэ, нэхъ зэфӀэгъэкӀыгъуафӀэ къэщӀын. * Машинэхэр куэду къагъэсэбэп зэрыхъуам мэкъумэш лэжьыгъэхэр къагъэпсынщӀэ. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къегъэпсынщӀэ)
1. Лэжьыгъэ гуэр зэфӀэгъэкӀыгъуафӀэ щӀын.
Ӏуэхур къадигъэпсынщӀэн папщӀэ хэкум кърита тракториплӀым ящыщ зыр Инал псыр ӀузыщӀэхэм я деж къигъэкӀуащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515
2. Зыгуэр псынщӀэу гъунэгъу къэщӀын.
КъеӀэтыр сабэр жьы шхыдэу, Пшэ гуартэ фӀыцӀэр къыщихукӀэ, КъигъэпсынщӀэныр фӀэфӀ хуэдэу, МэхъущӀэ уафэр чэзукӀэ, - Дыщэ чнутӀыр къэпщӀыпщӀу, Мес, уафэхъуэпскӀыр лыдащ, Ар зыдэкӀуари умыщӀэу ПсынщӀащэу нурыр кӀуэдащ— Гъэмахуэ уэшх. «Бгы лъапэхэм деж», 110
Kitapta geçtiği hali
КЪЭГЪЭПСЫНЩӀЭН (къегъэпсынщӀэ) лъэӀ. (2). 1. (1). Лэжьыгъэ гуэр зэфӀэгъэкӀыгъуафӀэ щӀын. Ӏуэхур къадигъэпсынщӀэн папщӀэ хэкум кърита тракториплӀым ящыщ зыр Инал псыр ӀузыщӀэхэм я деж къигъэкӀуащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515. 2. (1). Зыгуэр псынщӀэу гъунэгъу къэщӀын. КъеӀэтыр сабэр жьы шхыдэу, Пшэ гуартэ фӀыцӀэр къыщихукӀэ, КъигъэпсынщӀэныр фӀэфӀ хуэдэу, МэхъущӀэ уафэр чэзукӀэ, - Дыщэ чнутӀыр къэпщӀыпщӀу, Мес, уафэхъуэпскӀыр лыдащ, Ар зыдэкӀуари умыщӀэу ПсынщӀащэу нурыр кӀуэдащ. Гъэмахуэ уэшх. «Бгы лъапэхэм деж», 110.