къэгузэвэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къогузавэ)
ЗанщӀэу гузавэу хуежьэн.
рузабеспокоиться
АдрыщӀкӀэ псым къыӀухьа шум игъэзэжауэ щилъагъум, лӀыжьыр къэгузэващ.— ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
къэгузэвэн (къогузавэ) неперех. гл. забеспокоиться / ЗанщӀэу гузавэу хуежьэн. * АдрыщӀкӀэ псым къыӀухьа шум игъэзэжауэ щилъагъум, лӀыжьыр къэгузэващ. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къогузавэ)
ЗанщӀэу гузавэу хуежьэн.
Ехудийр мо [вертолетым исхэр] къакӀуэращ, - щыжысӀэм дызыубыдахэр къэгузэващ, псынщӀэу зэбгрыжри пшахъуэм зыхадзэжауэ зыщӀахъумэ— ХьэщӀэ лъапӀэ, 401
+2 örnek
«Си фэр тримыхащэрэт», - жиӀэу хьэр къэгузавэри джэдым кӀэлъыжэныр занщӀэу пичащ— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 476
– ХьэӀуцыдзым яшхын си витӀыр дэнэ кӀуа? – жиӀэу Дуду куэдрэ щылъа щхьэкӀэ, жейм хилъафэу щыхуежьэм, гуэщым зыгуэр къыщӀыхьауэ Ӏэуэлъауэ и тхьэкӀумэм щицырхъэм, къызэщыури къэгузэващ, гуэщыр зейм сыщӀихужыну армырауэ пӀэрэ, жыхуиӀэу— ВитӀ, 415
Kitapta geçtiği hali
КЪЭГУЗЭВЭН (къогузавэ) лъэмыӀ. (69). ЗанщӀэу гузавэу хуежьэн. Ехудийр мо [вертолетым исхэр] къакӀуэращ, - щыжысӀэм дызыубыдахэр къэгузэващ, псынщӀэу зэбгрыжри пшахъуэм зыхадзэжауэ зыщӀахъумэ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 401. «Си фэр тримыхащэрэт», - жиӀэу хьэр къэгузавэри джэдым кӀэлъыжэныр занщӀэу пичащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 476. – ХьэӀуцыдзым яшхын си витӀыр дэнэ кӀуа? – жиӀэу Дуду куэдрэ щылъа щхьэкӀэ, жейм хилъафэу щыхуежьэм, гуэщым зыгуэр къыщӀыхьауэ Ӏэуэлъауэ и тхьэкӀумэм щицырхъэм, къызэщыури къэгузэващ, гуэщыр зейм сыщӀихужыну армырауэ пӀэрэ, жыхуиӀэу. ВитӀ, 415.