къэбэрдей
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
къэбэрдейхэр
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм нэхъыбэу щыпсэу адыгэ лъэпкъ, а лъэпкъым щыщ цӀыху.
рукабардинец, кабардинка; кабардинцы
Kitapta geçtiği hali
къэбэрдей къэбэрдейхэр кабардинец, кабардинка; кабардинцы / Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм нэхъыбэу щыпсэу адыгэ лъэпкъ, а лъэпкъым щыщ цӀыху.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Адыгэ (къэбэрдей) лъэпкъыр щыпсэу щӀыпӀэ.
Къэбэрдейми, Абазэми, Россейми, Дагъыстанми – дэнэ кӀуэ, бэлшэвыч здэщымыӀэ щыӀэкъым, - жиӀэрт Степан Ильич.— Хъуэпсэгъуэ нур, 264
+1 örnek
Уей, Къэбэрдейуэ хэку гугъапӀэ, Гъыбзэ хуэусыт уи бынам— Шэджэм псыкъелъэ. «Щхьэлыкъуэ», 377
2. Еплъ: къэбэрдеишхуэ
КъэбэрдейкӀи ДжылахъстэнейкӀи – дэнэкӀи кърекӀ, ЩӀыӀэпс къуажэм къакӀуэ гъуэгум шу ирехъу, гу ирехъу, - сыт тетми – псори Инал и хьэщӀэт— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 582
1. Къэбэрдейм щыпсэу адыгэ лъэпкъ, а лъэпкъым щыщ цӀыху.
Иджыблагъэ Бурун ауз къыщыхъуам Астемыри игъэгупсысащ, ар зэхэзыхауэ зыфӀэмыхьэлэмэта къэбэрдеи балъкъэри бгъуэтынт— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515
+1 örnek
Абы [зыгуэрым имей щӀыналъэ зэрыщымыӀэр зымыщӀэ щыӀэкъым] иригузавэу Кодоевым и гур куэдым жати, и жьэм къыжьэдэхуащ: - Къэбэрдейр мытхьэусыхэну си фӀэщ хъуркъым, - зэмыщӀэ щыӀэкъым жиӀэри, арщхьэкӀэ Берие абы щхьэкӀэ гузавэртэкъым; къыпыгуфӀыкӀыу къеплъэкӀащ: - Я хэку къиднэжащи, ирегуфӀэ— Лъапсэ, 88
2. Къэбэрдейм еин.
[Къылышбий и къуэм:] Уей-уей, къэбэрдей полъку, жевгъэӀэу фи цӀэ Ӏуну дыфщогугъ— Хъуэпсэгъуэ нур, 126
+2 örnek
Ӏэюб и гугъэт и хъыджэбзыр зымыцӀыху къэбэрдей щӀалэ щымыӀэу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 525
[Батыр Ахьмэд жреӀэ:] Къэбэрдей хэкур къыпхуейкъым, Къыпхуейкъым уи адэ, уи анэр— Адэ, 140
Kitapta geçtiği hali
КЪЭБЭРДЕЙ I (62). 1. (61). Адыгэ (къэбэрдей) лъэпкъыр щыпсэу щӀыпӀэ. Къэбэрдейми, Абазэми, Россейми, Дагъыстанми – дэнэ кӀуэ, бэлшэвыч здэщымыӀэ щыӀэкъым, - жиӀэрт Степан Ильич. Хъуэпсэгъуэ нур, 264. Уей, Къэбэрдейуэ хэку гугъапӀэ, Гъыбзэ хуэусыт уи бынам. Шэджэм псыкъелъэ. «Щхьэлыкъуэ», 377. 2. (1). Еплъ Къэбэрдеишхуэ. КъэбэрдейкӀи ДжылахъстэнейкӀи – дэнэкӀи кърекӀ, ЩӀыӀэпс къуажэм къакӀуэ гъуэгум шу ирехъу, гу ирехъу, - сыт тетми – псори Инал и хьэщӀэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 582.
КЪЭБЭРДЕЙ II (36). 1. (2). Къэбэрдейм щыпсэу адыгэ лъэпкъ, а лъэпкъым щыщ цӀыху. Иджыблагъэ Бурун ауз къыщыхъуам Астемыри игъэгупсысащ, ар зэхэзыхауэ зыфӀэмыхьэлэмэта къэбэрдеи балъкъэри бгъуэтынт? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515. Абы [зыгуэрым имей щӀыналъэ зэрыщымыӀэр зымыщӀэ щыӀэкъым] иригузавэу Кодоевым и гур куэдым жати, и жьэм къыжьэдэхуащ: - Къэбэрдейр мытхьэусыхэну си фӀэщ хъуркъым, - зэмыщӀэ щыӀэкъым жиӀэри, арщхьэкӀэ Берие абы щхьэкӀэ гузавэртэкъым; къыпыгуфӀыкӀыу къеплъэкӀащ: - Я хэку къиднэжащи, ирегуфӀэ. Лъапсэ, 88. 2. (34). плъыф. мыхь. Къэбэрдейм еин. [Къылышбий и къуэм:] Уей-уей, къэбэрдей полъку, жевгъэӀэу фи цӀэ Ӏуну дыфщогугъ! Хъуэпсэгъуэ нур, 126. Ӏэюб и гугъэт и хъыджэбзыр зымыцӀыху къэбэрдей щӀалэ щымыӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 525. [Батыр Ахьмэд жреӀэ:] Къэбэрдей хэкур къыпхуейкъым, Къыпхуейкъым уи адэ, уи анэр! «Адэ», 140.