къэблэгъэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къоблагъэ)
ПӀалъэ (зэман) гуэр благъэ (гъунэгъу) къэхъун.
руприближаться (в сроке, времени и т. п.)
ИлъэсыщӀэр къэблэгъащ.
+1 örnek
- АтӀэ, Берд, уи махуэшхуэри къоблагъэ. - жеӀэ ХЬэчим и фӀэщу.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
къэблэгъэн (къоблагъэ) неперех. гл. приближаться (в сроке, времени и т. п.) / ПӀалъэ (зэман) гуэр благъэ (гъунэгъу) къэхъун. ИлъэсыщӀэр къэблэгъащ. * - АтӀэ, Берд, уи махуэшхуэри къоблагъэ. - жеӀэ ХЬэчим и фӀэщу. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къоблагъэ)
1. ПӀалъэ (зэман) гуэр гъунэгъу къэхъун.
Сеймэныр зыӀут лэжьапӀэм къэрэгъулу арат зэрыщылажьэр, иджы и пӀалъэр къэблэгъати, ерыскъы къомыр и гум къыщӀитхъми, къэмытэджыжу хъуакъым— Лъапсэ, 46
+2 örnek
Бжьыхьэр къоблагъэ аргуэру, Пшэ фӀыцӀэм къуршыр щӀахъумэ— Жьэгур ужьыхмэ, гъунэгъур. «Дамыгъэ», 223
НэхъыжьитӀым ягу зэбгъауэ, Шым и лъхуэгъуэр къэблэгъауэ, Я нэхъыжьым мыр къепсэлъыр: - Мырщ, си къуэшхэ, си гум хэлъыр: Къэрэгъулу сокӀуэ шэщым, Ӏэщэу сохьыр сэ ди уэщыр, ШыщӀэр зыми езгъэхьынкъым, Дыгъур псэууэ сӀэщӀэкӀынкъым— Елбэздыкъуэ, 3
2. Зыгуэр благъэ, гъунэгъу къэхъун.
[ХъыбарыфӀхэр щӀыпӀэ куэдым къыщыӀуащ:] «Краснэ армиер, ди къуэшхэр, КъокӀуэ, къосыр, къэблэгъащ»— Бдзэжьеящэм ипхъу, 162
+2 örnek
[Сэтэней] И набдзэ фӀыцӀэр къурашэу, Алъпыш зытесыр игъалъэу, И теплъэр дахэу шу пхъашэр Ашэмэзыфэу къоблагъэ— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 416
[Локотош Якъуб жреӀэ:] Нэмыцэр къэблэгъа иужь, зэрыхъунур пщӀэрэ— Нал къута, 254
Kitapta geçtiği hali
КЪЭБЛЭГЪЭН (къоблагъэ) лъэмыӀ. (22). 1. (14). ПӀалъэ (зэман) гуэр гъунэгъу къэхъун. Сеймэныр зыӀут лэжьапӀэм къэрэгъулу арат зэрыщылажьэр, иджы и пӀалъэр къэблэгъати, ерыскъы къомыр и гум къыщӀитхъми, къэмытэджыжу хъуакъым. Лъапсэ, 46. Бжьыхьэр къоблагъэ аргуэру, Пшэ фӀыцӀэм къуршыр щӀахъумэ. Жьэгур ужьыхмэ, гъунэгъур. «Дамыгъэ», 223. НэхъыжьитӀым ягу зэбгъауэ, Шым и лъхуэгъуэр къэблэгъауэ, Я нэхъыжьым мыр къепсэлъыр: - Мырщ, си къуэшхэ, си гум хэлъыр: Къэрэгъулу сокӀуэ шэщым, Ӏэщэу сохьыр сэ ди уэщыр, ШыщӀэр зыми езгъэхьынкъым, Дыгъур псэууэ сӀэщӀэкӀынкъым… «Елбэздыкъуэ», 3. 2. (8). Зыгуэр благъэ, гъунэгъу къэхъун. [ХъыбарыфӀхэр щӀыпӀэ куэдым къыщыӀуащ:] «Краснэ армиер, ди къуэшхэр, КъокӀуэ, къосыр, къэблэгъащ». «Бдзэжьеящэм ипхъу», 162. [Сэтэней] И набдзэ фӀыцӀэр къурашэу, Алъпыш зытесыр игъалъэу, И теплъэр дахэу шу пхъашэр Ашэмэзыфэу къоблагъэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 416. [Локотош Якъуб жреӀэ:] Нэмыцэр къэблэгъа иужь, зэрыхъунур пщӀэрэ? Нал къута, 254.