къыӀэщӀэхын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къыӀэщӀех)

1. Зыгуэрым ӀэщӀэлъыр къэщтэн, къеӀыхын.

рубрать, взять кого-что-л. у кого-л. из рук

Сабийм мафӀэдзыр къыӀэщӀэхын.

2. Зыгуэрым шынагъэкӀэ зыгуэр къытехын, хьилагъэкӀэ къыӀэщӀэгъэкӀын; зыгуэрым зыгуэр къегъэлын.

руотнять кого-что-л. у кого-чего-л.; спасти кого-что-л. от кого-чего- л.

Ажалым къыӀэщӀэхын. Узым къыӀэщӀэхын.

Kitapta geçtiği hali

къыӀэщӀэхын (къыӀэщӀех) перех. гл. 1. брать, взять кого-что-л. у кого-л. из рук / Зыгуэрым ӀэщӀэлъыр къэщтэн, къеӀыхын. Сабийм мафӀэдзыр къыӀэщӀэхын. 2. переносноеотнять кого-что-л. у кого-чего-л.; спасти кого-что-л. от кого-чего- л. / Зыгуэрым шынагъэкӀэ зыгуэр къытехын, хьилагъэкӀэ къыӀэщӀэгъэкӀын; зыгуэрым зыгуэр къегъэлын. Ажалым къыӀэщӀэхын. Узым къыӀэщӀэхын. n

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къыӀэщӀех)

1. Зыгуэрым ӀэщӀэлъыр къэщтэн, къеӀыхын.

– Хъуащ уи дежкӀэ ар [сабийр зэрылӀар] хъарзынэ, - Шум ар жиӀэу къыӀэщӀехыр [фызым] Сабий хьэдэр… «— Тисей, 492

+2 örnek

Шу мэхъашэр къыридзыхри [Федя] ЯтӀэ фӀыцӀэм хилъэфат, ЩӀопщ ӀэщӀэлъыр къыӀэщӀихри ЛъэкӀ къэмынэу еуэфащ.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 155

Илъэс минитӀрэ илъэс пщыкӀуплӀыр – А гъэр мыгувэу езыр къэсынущ. Бжьыпэр, зыӀыгъым къыӀэщӀихынурэ, Зыри зимыӀэм къылъигъэсынущ.— Си илъэсищэ. «Щхьэлыкъуэ», 395

2. Зыгуэрым шынагъэкӀэ, хьилагъэкӀэ, къарукӀэ зыгуэр къытехын, къыӀэщӀэгъэкӀын.

Дэнэ щысщӀэнт Пыжьынэ санитаркэ Тамарэр игъэшынэу запискэ гуэр къыӀэщӀихыну зыкъомрэ и ужь итауэ.— Лъапсэ, 22

+2 örnek

Нарт лӀыхъужьыгъэм амалкӀэ Ябгэр текӀуэну мэгугъэ, Нартыжьу зекӀуэ ежьахэр Жьэгу къихьэжыным нэмысу Хъыджэбзхэм яӀэ дахагъэр ЩӀалэгъуэ къабзэр дэщӀыгъуу КъыӀэщӀихыну мэпӀащӀэ. «— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 412

«Харьков къэтщтащ, иджы КавказымкӀэ дгъэзауэ докӀуэ, маржэ хъун, нэмыцэм я дзэм фыкъыпэмыув, факъыдэӀэпыкъу, дэ Кавказым ис лъэпкъ цӀыкӀухэр хуит фытщӀыжыну, журтымрэ Россиемрэ факъыӀэщӀэтхыну аращ ди мурадыр» жиӀэу [листовкэм].— Щынэхужьыкъуэ, 64

Kitapta geçtiği hali

КЪЫӀЭЩӀЭХЫН (къыӀэщӀех) лъэӀ. (9). 1. (6). Зыгуэрым ӀэщӀэлъыр къэщтэн, къеӀыхын. – Хъуащ уи дежкӀэ ар [сабийр зэрылӀар] хъарзынэ, - Шум ар жиӀэу къыӀэщӀехыр [фызым] Сабий хьэдэр… «Тисей», 492. Шу мэхъашэр къыридзыхри [Федя] ЯтӀэ фӀыцӀэм хилъэфат, ЩӀопщ ӀэщӀэлъыр къыӀэщӀихри ЛъэкӀ къэмынэу еуэфащ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 155. Илъэс минитӀрэ илъэс пщыкӀуплӀыр – А гъэр мыгувэу езыр къэсынущ. Бжьыпэр, зыӀыгъым къыӀэщӀихынурэ, Зыри зимыӀэм къылъигъэсынущ. Си илъэсищэ. «Щхьэлыкъуэ», 395. 2. (3). зэхь. Зыгуэрым шынагъэкӀэ, хьилагъэкӀэ, къарукӀэ зыгуэр къытехын, къыӀэщӀэгъэкӀын. Дэнэ щысщӀэнт Пыжьынэ санитаркэ Тамарэр игъэшынэу запискэ гуэр къыӀэщӀихыну зыкъомрэ и ужь итауэ. Лъапсэ, 22. Нарт лӀыхъужьыгъэм амалкӀэ Ябгэр текӀуэну мэгугъэ, Нартыжьу зекӀуэ ежьахэр Жьэгу къихьэжыным нэмысу Хъыджэбзхэм яӀэ дахагъэр ЩӀалэгъуэ къабзэр дэщӀыгъуу КъыӀэщӀихыну мэпӀащӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 412. «Харьков къэтщтащ, иджы КавказымкӀэ дгъэзауэ докӀуэ, маржэ хъун, нэмыцэм я дзэм фыкъыпэмыув, факъыдэӀэпыкъу, дэ Кавказым ис лъэпкъ цӀыкӀухэр хуит фытщӀыжыну, журтымрэ Россиемрэ факъыӀэщӀэтхыну аращ ди мурадыр» жиӀэу [листовкэм]. Щынэхужьыкъуэ, 64.

Düzeltme Öner

къыӀэщӀэхын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.