къыӀэщӀыхьэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къыӀэщӀохьэ)
1. Зыгуэрым и ӀэмыщӀэм зыгуэр къихьэн, къиубыдын.
рупопасть кому-л. в руки
Бдзэжьейр къыӀэщӀыхьэн.
2. Зыгуэр къыппэщӀэхуэн, ууей хъун.
руполучить что-л., стать обладателем чего-л.
Щынэ къилэжьар къызэрыӀэщӀыхьам иригуфӀэ Къарэщей.. къыкӀэлъыкӀуэрт.— ПащӀэ Бэчмырзэ
Kitapta geçtiği hali
къыӀэщӀыхьэн (къыӀэщӀохьэ) неперех. гл. 1. попасть кому-л. в руки / Зыгуэрым и ӀэмыщӀэм зыгуэр къихьэн, къиубыдын. Бдзэжьейр къыӀэщӀыхьэн. 2. переносное получить что-л., стать обладателем чего-л. / Зыгуэр къыппэщӀэхуэн, ууей хъун. * Щынэ къилэжьар къызэрыӀэщӀыхьам иригуфӀэ Къарэщей.. къыкӀэлъыкӀуэрт. П. Б.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыӀэщӀохьэ)
1. Зыгуэрым и ӀэмыщӀэм зыгуэр къихьэн, къиубыдын.
Езыри [офицерыр] къэгузэвэжри и жыпым иӀэбэмэ – кӀэрахъуэ илъыр къыӀэщӀохьэ, укъикӀуэтыж зэрымыхъунур уигъащӀэу.— Нал къута, 246
+2 örnek
Жэмым и бжьакъуэ закъуэр къыӀэщӀыхьа иужь зыгуэр жиӀэну цӀыхум закъыхуигъэзат [Хъадижэт], арщхьэкӀэ жиӀэну хъуэхъури щыгъупщэжат.— Щынэхужьыкъуэ, 16
Лу кӀапсэр къызэрыӀэщӀыхьэу еӀащ, арщхьэкӀэ хуэӀыгъакъым, къехуэхыж пэтащ, щымыхъум езы Елдари кӀэлъыдэкӀуейрти Лу абы здихьырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 100
2. Зыгуэр къэубыдын.
Къылышбий и къуэр унэ дэкӀуеипӀэм псынщӀэу дэлъэтейщ, кӀэщӀуи зыкъигъэкӀэрахъуэри къэпсэлъащ: - Джыназ мылъкум щыгугъым зэвгъащӀэ къысӀэщӀыхьэм щысхьырабгъу зэрыхуэзмыщӀынур.— Хъуэпсэгъуэ нур, 118
+2 örnek
ЕтӀуанэрей парашютистыр псэууэ къаӀэщӀыхьащ.— Щынэхужьыкъуэ, 67
«УкъысӀэщӀыхьа, бэлшэвыч Лъэпщ», - жиӀэри Залымджэрий зэрылъэкӀкӀэ гъукӀэм и нэпкъпэпкъым хэуащ, арщхьэкӀэ Бот джэлакъым, лъэныкъуэкӀэ ещӀэ хуэдэ хъури къызэфӀэувэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 293
3. Зыгуэр къыппэщӀэхуэн, ууей хъун.
Трофейуэ къаӀэщӀыхьащ топищ, шэ ярылъу ашык зыбжанэ, автомат, фоч жыпӀэми зыкъом.— Нал къута, 300
+2 örnek
[Елдар:] «Къэрал пхъуантэм» дэлъыр къытӀэщӀыхьэм, Нурхьэлий Ӏуэхукъым, зыгуэру яфӀэкӀыжынщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 225
Нэмыцэм я Ӏэщэ къытӀэщӀыхьар яӀыгъыу зэуэн хуэдэу отряд щхьэхуэ зэхуэдгъэшэс жиӀати [Локотош], ари Якъуб къабыл ищӀакъым, и щхьэ Ӏуэху зэрихуэжу арат зи ужь итыр.— Нал къута, 301
Kitapta geçtiği hali
КЪЫӀЭЩӀЫХЬЭН (къыӀэщӀохьэ) лъэмыӀ. (26). 1. (10). Зыгуэрым и ӀэмыщӀэм зыгуэр къихьэн, къиубыдын. Езыри [офицерыр] къэгузэвэжри и жыпым иӀэбэмэ – кӀэрахъуэ илъыр къыӀэщӀохьэ, укъикӀуэтыж зэрымыхъунур уигъащӀэу. Нал къута, 246. Жэмым и бжьакъуэ закъуэр къыӀэщӀыхьа иужь зыгуэр жиӀэну цӀыхум закъыхуигъэзат [Хъадижэт], арщхьэкӀэ жиӀэну хъуэхъури щыгъупщэжат. Щынэхужьыкъуэ, 16. Лу кӀапсэр къызэрыӀэщӀыхьэу еӀащ, арщхьэкӀэ хуэӀыгъакъым, къехуэхыж пэтащ, щымыхъум езы Елдари кӀэлъыдэкӀуейрти Лу абы здихьырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 100. 2. (4). Зыгуэр къэубыдын. Къылышбий и къуэр унэ дэкӀуеипӀэм псынщӀэу дэлъэтейщ, кӀэщӀуи зыкъигъэкӀэрахъуэри къэпсэлъащ: - Джыназ мылъкум щыгугъым зэвгъащӀэ къысӀэщӀыхьэм щысхьырабгъу зэрыхуэзмыщӀынур. Хъуэпсэгъуэ нур, 118. ЕтӀуанэрей парашютистыр псэууэ къаӀэщӀыхьащ. Щынэхужьыкъуэ, 67. «УкъысӀэщӀыхьа, бэлшэвыч Лъэпщ», - жиӀэри Залымджэрий зэрылъэкӀкӀэ гъукӀэм и нэпкъпэпкъым хэуащ, арщхьэкӀэ Бот джэлакъым, лъэныкъуэкӀэ ещӀэ хуэдэ хъури къызэфӀэувэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 293. 3. (12). зэхь. Зыгуэр къыппэщӀэхуэн, ууей хъун. Трофейуэ къаӀэщӀыхьащ топищ, шэ ярылъу ашык зыбжанэ, автомат, фоч жыпӀэми зыкъом. Нал къута, 300. [Елдар:] «Къэрал пхъуантэм» дэлъыр къытӀэщӀыхьэм, Нурхьэлий Ӏуэхукъым, зыгуэру яфӀэкӀыжынщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 225. Нэмыцэм я Ӏэщэ къытӀэщӀыхьар яӀыгъыу зэуэн хуэдэу отряд щхьэхуэ зэхуэдгъэшэс жиӀати [Локотош], ари Якъуб къабыл ищӀакъым, и щхьэ Ӏуэху зэрихуэжу арат зи ужь итыр. Нал къута, 301.