къыщӀэщын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къыщӀощ)

1. Зыгуэрым и щӀагъым къыщӀэкӀуэтауэ щытын.

рувиднеться из-под чего-л.

Щхьэтепхъуэ трахри Ланэ къыщӀощ.— Акъсырэ Залымхъан

+1 örnek

АтӀэ а уи жьэгъумкӀэ къыщӀэщ тӀыгурыгуитӀыр сыт?— ӀуэрыӀуатэ

2. Щэху гуэр нахуэ хъун, къэнэӀуэн. ПцӀыр къыщӀощ.

рураскрыться, обнаружиться, сделаться известным

Хьилэуэ {абы} зэрихьэр къыщӀощ.— КӀуащ БетӀал

Kitapta geçtiği hali

къыщӀэщын (къыщӀощ) неперех. гл. 1. виднеться из-под чего-л. / Зыгуэрым и щӀагъым къыщӀэкӀуэтауэ щытын. * Щхьэтепхъуэ трахри Ланэ къыщӀощ. Акъ. З. АтӀэ а уи жьэгъумкӀэ къыщӀэщ тӀыгурыгуитӀыр сыт? фольк. 2. переносное раскрыться, обнаружиться, сделаться известным / Щэху гуэр нахуэ хъун, къэнэӀуэн. ПцӀыр къыщӀощ. n Хьилэуэ {абы} зэрихьэр къыщӀощ. КӀу. Б.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къыщӀощ)

1. Зыгуэрым и щӀагъым зыгуэр къыщӀэкӀуэтауэ плъагъун.

Мо мазэ дыдэм кӀэлъыплъыт, И блыпкъ хужьыбзэр къыщӀощ.— Гъуэгъуакъэ уафэр… Вагъуэ махуэ, 18

+2 örnek

[Мариам:] Унэр жьы дыдэу, штукатуркэр къыкӀэрылъэлъыжауэ, чырбыш плъыжь къыщӀэщар щащэу хуежьа щхьэкӀэ, пэшитӀу зэхэт фэтэрыр дигу иримыхьу къэнэнт, гуэщыжьым илъэс нэхъыбэ ущӀэсауэ: жэнэтым и бжэр тхузэӀуаха къытфӀэщӀат.— Лэчымэ, 392

[Алыджыкъуэ:] Уэздыгъэр изошэхри сыгъуэлъыжу шхыӀэныр къыщытесӀэтыкӀым, солъагъу цӀыхубзым джанэ тӀэкӀу фӀэкӀа зэрыщымыгъыр, и куафэ хужьыбзэр къыщӀощ.— МелыӀыч, 443

2. Щэху гуэр нахуэ хъун, къэнэӀуэн.

Пленым и тӀасхъэр къыщӀэщащ.— Щынэхужьыкъу, 72

+2 örnek

Ашыкыу фочышэ зэрылъри къыщӀэщати, Лу нэхъеижу къэуӀэбжьащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 579

БетӀал ЦИК-м я дежи телеграммэ ирегъэхь: иджы къыщӀэщащ Ӏуэху бэлыхьлажьи, дыволъэӀу хабзэм къигъэлъагъуэ пӀалъэм къыщӀевгъэгъуну, жиӀэри.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 526

Kitapta geçtiği hali

КЪЫЩӀЭЩЫН (къыщӀощ) лъэмыӀ. (17). 1. (11). Зыгуэрым и щӀагъым зыгуэр къыщӀэкӀуэтауэ плъагъун. Мо мазэ дыдэм кӀэлъыплъыт, И блыпкъ хужьыбзэр къыщӀощ. Гъуэгъуакъэ уафэр… «Вагъуэ махуэ», 18. [Мариам:] Унэр жьы дыдэу, штукатуркэр къыкӀэрылъэлъыжауэ, чырбыш плъыжь къыщӀэщар щащэу хуежьа щхьэкӀэ, пэшитӀу зэхэт фэтэрыр дигу иримыхьу къэнэнт, гуэщыжьым илъэс нэхъыбэ ущӀэсауэ: жэнэтым и бжэр тхузэӀуаха къытфӀэщӀат. Лэчымэ, 392. [Алыджыкъуэ:] Уэздыгъэр изошэхри сыгъуэлъыжу шхыӀэныр къыщытесӀэтыкӀым, солъагъу цӀыхубзым джанэ тӀэкӀу фӀэкӀа зэрыщымыгъыр, и куафэ хужьыбзэр къыщӀощ. МелыӀыч, 443. 2. (6). зэхь. Щэху гуэр нахуэ хъун, къэнэӀуэн. Пленым и тӀасхъэр къыщӀэщащ. Щынэхужьыкъу, 72. Ашыкыу фочышэ зэрылъри къыщӀэщати, Лу нэхъеижу къэуӀэбжьащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 579. БетӀал ЦИК-м я дежи телеграммэ ирегъэхь: иджы къыщӀэщащ Ӏуэху бэлыхьлажьи, дыволъэӀу хабзэм къигъэлъагъуэ пӀалъэм къыщӀевгъэгъуну, жиӀэри. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 526.

Düzeltme Öner

къыщӀэщын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.