къыщӀэхъуэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къыщӀохъуэ)
1. КъыщӀэкӀэн, къыщӀищӀэн (хадэхэкӀым). КӀэртӀофым фӀыуэ къыщӀэхъуащ.
рувырасти появиться (напр. об овощах)
2. Зыгуэрым къыхэхъуэн, иӀэ хъун (бын).
рупоявиться, родиться у кого-л. (напр. о детях)
Вэн-сэнт ар зыхуэфӀыр, Ӏэщ уэри къыщӀэхъуэрт.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм
+1 örnek
Жьым щӀэблэ къыщӀохъуэ.— ПащӀэ Бэчмырзэ
Kitapta geçtiği hali
къыщӀэхъуэн (къыщӀохъуэ) неперех. гл. 1. вырасти появиться (напр. об овощах) / КъыщӀэкӀэн, къыщӀищӀэн (хадэхэкӀым). КӀэртӀофым фӀыуэ къыщӀэхъуащ. 2. появиться, родиться у кого-л. (напр. о детях) / Зыгуэрым къыхэхъуэн, иӀэ хъун (бын). * Вэн-сэнт ар зыхуэфӀыр, Ӏэщ уэри къыщӀэхъуэрт. Щ. Ӏ. Жьым щӀэблэ къыщӀохъуэ. П. Б.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыщӀохъуэ)
Зыгуэрым къыхэхъуэн, ей хъун.
СыщыцӀыкӀум сэ къызжаӀэрт: Лъэпкъыу щыӀэм цӀыху къащӀэхъуэм Вагъуэу зырызыххэ яӀэщ, Ар ижамэ зейр унэхъуу.— Вагъуэ. «Партыр ди пашэу», 7
+2 örnek
Абы хуэдизу гугъу щехькӀи къалъхур къащӀэхъуэм зыгуэрт.— Нэгъуху, 33
[Фэуаз:] Си щӀалэгъуэу, си къару илъыгъуэу Анка си адэм къищэхугъащ, шыфӀым я щылъхущ, лъхуэмэ къыщӀэхъуэм дигъэунэнкӀэ хъунщ, жиӀэри.— Анка, 382
Kitapta geçtiği hali
КЪЫЩӀЭХЪУЭН (къыщӀохъуэ) лъэмыӀ. (16). Зыгуэрым къыхэхъуэн, ей хъун. СыщыцӀыкӀум сэ къызжаӀэрт: Лъэпкъыу щыӀэм цӀыху къащӀэхъуэм Вагъуэу зырызыххэ яӀэщ, Ар ижамэ зейр унэхъуу. Вагъуэ. «Партыр ди пашэу», 7. Абы хуэдизу гугъу щехькӀи къалъхур къащӀэхъуэм зыгуэрт. Нэгъуху, 33. [Фэуаз:] Си щӀалэгъуэу, си къару илъыгъуэу Анка си адэм къищэхугъащ, шыфӀым я щылъхущ, лъхуэмэ къыщӀэхъуэм дигъэунэнкӀэ хъунщ, жиӀэри. Анка, 382.