къыщӀэупщӀэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыщӀоупщӀэ)
1. УпщӀэкӀэ зыгуэрым зыхуэгъэзэн.
Модрейри [урыс щхьэцыгъуэ гуэрым] аргуэру къыщӀэупщӀащ, Долэт зэхимыха и гугъэу, арщхьэкӀэ, Ӏуэхур здэщыӀэр абы дэнэ щищӀэнт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 199
+2 örnek
Пшэ Ӏэрамэр Ӏуащхьэмахуэ Къеубыдри къыщӀоупщӀэ: - Мыр нэсауэ пшэкъэ нахуэу, Флъагъурэ уэшхри зэрыӀупщӀыр?— Бгы собранэ. «Партыр ди пашэу», 80
«Мыр дэнэ – аргуэру зауэм укӀуэрэ? – жаӀэрти, къэзылъагъур къыщӀэупщӀэрт, арщхьэкӀэ Къэрэмырзэ зэуэныр зыбжанэ лъандэрэ пичат, дауи пимычынрэ – иджыри къэс и щхьэр мыхъужа дэнэ къэна, и набдзэр, и нэбжьыцыр къэкӀыжакъым, и пащӀэ Ӏувышхуэм щыщ къэнамэ, имыупсыжу хъуакъым.— Лыгъэ, 413
2. Зыгуэр къэщӀэн.
Къэзытхыр мы унэр зейуэ щытаращ, быным я цӀэр ириӀуэурэ къащӀоупщӀэ, къыбдэӀэпыкъурэ, ин хъуа, дауэ еджэрэ сыт жиӀэу.— МелыӀыч, 474
+2 örnek
Иужьым зэрыжаӀэжамкӀэ, операцэр екӀуэкӀыхукӀэ адэкӀэ-мыдэкӀэ къипсэлъыкӀыурэ телефонкӀэ Ӏэджи къэпсэлъащ, дызыхуэгузэвам къыщӀэупщӀэу.— Лъапсэ, 21
Цыр зыщэхуну къыщӀэупщӀэр гъунэжщ.— МелыӀыч, 451
Kitapta geçtiği hali
КЪЫЩӀЭУПЩӀЭН (къыщӀоупщӀэ) лъэмыӀ. (21). 1. (8). УпщӀэкӀэ зыгуэрым зыхуэгъэзэн. Модрейри [урыс щхьэцыгъуэ гуэрым] аргуэру къыщӀэупщӀащ, Долэт зэхимыха и гугъэу, арщхьэкӀэ, Ӏуэхур здэщыӀэр абы дэнэ щищӀэнт. Хъуэпсэгъуэ нур, 199. Пшэ Ӏэрамэр Ӏуащхьэмахуэ Къеубыдри къыщӀоупщӀэ: - Мыр нэсауэ пшэкъэ нахуэу, Флъагъурэ уэшхри зэрыӀупщӀыр? Бгы собранэ. «Партыр ди пашэу», 80. «Мыр дэнэ – аргуэру зауэм укӀуэрэ? – жаӀэрти, къэзылъагъур къыщӀэупщӀэрт, арщхьэкӀэ Къэрэмырзэ зэуэныр зыбжанэ лъандэрэ пичат, дауи пимычынрэ – иджыри къэс и щхьэр мыхъужа дэнэ къэна, и набдзэр, и нэбжьыцыр къэкӀыжакъым, и пащӀэ Ӏувышхуэм щыщ къэнамэ, имыупсыжу хъуакъым. Лыгъэ, 413. 2. (13). Зыгуэр къэщӀэн. Къэзытхыр мы унэр зейуэ щытаращ, быным я цӀэр ириӀуэурэ къащӀоупщӀэ, къыбдэӀэпыкъурэ, ин хъуа, дауэ еджэрэ сыт жиӀэу. МелыӀыч, 474. Иужьым зэрыжаӀэжамкӀэ, операцэр екӀуэкӀыхукӀэ адэкӀэ-мыдэкӀэ къипсэлъыкӀыурэ телефонкӀэ Ӏэджи къэпсэлъащ, дызыхуэгузэвам къыщӀэупщӀэу. Лъапсэ, 21. Цыр зыщэхуну къыщӀэупщӀэр гъунэжщ. МелыӀыч, 451.