къыщӀэлъэтын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къыщӀолъэт)
1. Зыгуэрым и щӀагъым лъэтауэ къыщӀэкӀын.
рувылететь, выпорхнуть из-под чего-л.
Мэкъу Ӏэтэ лъабжьэм ныбгъуэ къыщӀэлъэтащ.
2. Зыгуэрым и щӀагъым, лъабжьэм е псэуалъэ с. ху. псынщӀэ дыдэу, пӀащӀэу къыщӀэжын, къыщӀэцӀэфтын.
рувыскочить из чего-л., из-под чего-л.
Хьэсаншыр мэзыжьым къыщӀолъэт.— ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
къыщӀэлъэтын (къыщӀолъэт) неперех. гл. 1. вылететь, выпорхнуть из-под чего-л. / Зыгуэрым и щӀагъым лъэтауэ къыщӀэкӀын. Мэкъу Ӏэтэ лъабжьэм ныбгъуэ къыщӀэлъэтащ. 2. переносное выскочить из чего-л., из-под чего-л. / Зыгуэрым и щӀагъым, лъабжьэм е псэуалъэ с. ху. псынщӀэ дыдэу, пӀащӀэу къыщӀэжын, къыщӀэцӀэфтын. * Хьэсаншыр мэзыжьым къыщӀолъэт. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыщӀолъэт)
ЗыщӀыпӀэ псынщӀэ дыдэу, пӀащӀэу къыщӀэжын, къыщӀэцӀэфтын.
– НтӀэ, аращ, Ӏуэху мыфэмыц утепсэлъыхьмэ… - жиӀэри Нартыхум кӀэбгъу зищӀри, пӀащӀэ-тхъытхъыу унэм къыщӀэлъэтри, и машинэр щытыххэти, итӀысхьэжащ, зыхэта къомыр зэрызэхэту клубым къыщӀинэри.— Лъапсэ, 74
+1 örnek
Езы Нурхьэлий гужьеяуэ къыщӀэлъэтащ [мафӀэм зэщӀищта шхапӀэм], ищӀэнур имыщӀэу, къэп кӀэпхыным и Ӏэр щихъуэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 207
Kitapta geçtiği hali
КЪЫЩӀЭЛЪЭТЫН (къыщӀолъэт) лъэмыӀ. (2). зэхь. ЗыщӀыпӀэ псынщӀэ дыдэу, пӀащӀэу къыщӀэжын, къыщӀэцӀэфтын. – НтӀэ, аращ, Ӏуэху мыфэмыц утепсэлъыхьмэ… - жиӀэри Нартыхум кӀэбгъу зищӀри, пӀащӀэ-тхъытхъыу унэм къыщӀэлъэтри, и машинэр щытыххэти, итӀысхьэжащ, зыхэта къомыр зэрызэхэту клубым къыщӀинэри. Лъапсэ, 74. Езы Нурхьэлий гужьеяуэ къыщӀэлъэтащ [мафӀэм зэщӀищта шхапӀэм], ищӀэнур имыщӀэу, къэп кӀэпхыным и Ӏэр щихъуэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 207.