къыщӀихьэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къыщӀехьэ)

Зыгуэрым мэ гуэр къыӀурыуэн, зыхищӀэн.

руобонять, воспринимать обонянием что-л.

Удзхэм я мэ гуакӀуэр къыпщӀехьэ.

Kitapta geçtiği hali

къыщӀихьэн (къыщӀехьэ) неперех. гл. обонять, воспринимать обонянием что-л. / Зыгуэрым мэ гуэр къыӀурыуэн, зыхищӀэн. Удзхэм я мэ гуакӀуэр къыпщӀехьэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къыщӀехьэ)

Зыгуэрым мэ гуэр къыӀурыуэн, зыхищӀэн.

Зы грузовикрэ зы «Волгэрэ» пщӀантӀэм къыдыхьащ, щӀакӀуэ-бащлъыкъ сыт жумыӀэмэ, илъ щӀагъуэ щымыӀэу, ауэ грузовикым ашык зыкъом иту Ботэх гу лъитащ, уеблэмэ гурыӀупсыр къигъажэу шхынымэ ӀэфӀхэри къыщӀихьащ.— Лъапсэ, 68

+2 örnek

Иджыри къэс жьауапӀэм щӀэлъу жея хьэ тумэм Ӏусымэр къыщӀихьэри къызэщыуащ, и Ӏэнлъэм Мэзан бгъэдэту щилъагъум идэнт – идакъым, и дзэлыфэр гуэшыхъум щыхуитӀым, Мэзан шынэри Джэлил зытета жыгым дэлъейри нэхъ лъагэжу дэкӀуеящ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 476

ЕтӀуанэрей машинэм ист Иналрэ Елдаррэ, сабэр къащӀимыхьэн щхьэкӀэ, тӀэкӀу нэхъ яужь иту.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 582

Kitapta geçtiği hali

КЪЫЩӀИХЬЭН (къыщӀехьэ) лъэӀ. (20). Зыгуэрым мэ гуэр къыӀурыуэн, зыхищӀэн. Зы грузовикрэ зы «Волгэрэ» пщӀантӀэм къыдыхьащ, щӀакӀуэ-бащлъыкъ сыт жумыӀэмэ, илъ щӀагъуэ щымыӀэу, ауэ грузовикым ашык зыкъом иту Ботэх гу лъитащ, уеблэмэ гурыӀупсыр къигъажэу шхынымэ ӀэфӀхэри къыщӀихьащ. Лъапсэ, 68. Иджыри къэс жьауапӀэм щӀэлъу жея хьэ тумэм Ӏусымэр къыщӀихьэри къызэщыуащ, и Ӏэнлъэм Мэзан бгъэдэту щилъагъум идэнт – идакъым, и дзэлыфэр гуэшыхъум щыхуитӀым, Мэзан шынэри Джэлил зытета жыгым дэлъейри нэхъ лъагэжу дэкӀуеящ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 476. ЕтӀуанэрей машинэм ист Иналрэ Елдаррэ, сабэр къащӀимыхьэн щхьэкӀэ, тӀэкӀу нэхъ яужь иту. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 582.

Düzeltme Öner

къыщӀихьэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.