къыщыувыӀэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыщоувыӀэ)
1. ЗыщӀыпӀэ деж къэувыӀэн.
Пулемет зэрыт тешанкӀэри гуэщыжь щӀыбымкӀэ екӀуэкӀри шындэбзийм деж къыщыувыӀащ, пулеметыр пщӀантӀэм щызэхэт къомым къахуэгъэзауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 291
+2 örnek
Налшык икӀыу эвакуацэ ежьахэри Орджоникидзэ къыщымыувыӀэу ГрузиемкӀэ кӀуащ.— Нал къута, 235
[БырмамытӀ:] ЩӀалитӀым, я автоматыр япщӀэхэлъу, щӀыхьэпӀэм деж къыщоувыӀэ, сэ жьантӀэмкӀэ сашэри сагъэтӀыс.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 404
2. ПщӀэ гуэр щумыгъэту адэкӀэ пыщэн.
Хъыдан тӀэкӀу къигъуэтауэ Лу бэлшэвыч пыӀэм хэда щэкӀ плъыжьым ещхьу езым и пыӀэми, ныбжьэгъу иӀэм я пыӀэми хидэну хъыдан плъыжьхэр ичатхъэурэ зэригъэзахуэрт. Лу абыи къыщыувыӀакъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 305
Kitapta geçtiği hali
КЪЫЩЫУВЫӀЭН (къыщоувыӀэ) лъэмыӀ. (14). 1. (13). ЗыщӀыпӀэ деж къэувыӀэн. Пулемет зэрыт тешанкӀэри гуэщыжь щӀыбымкӀэ екӀуэкӀри шындэбзийм деж къыщыувыӀащ, пулеметыр пщӀантӀэм щызэхэт къомым къахуэгъэзауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 291. Налшык икӀыу эвакуацэ ежьахэри Орджоникидзэ къыщымыувыӀэу ГрузиемкӀэ кӀуащ. Нал къута, 235. [БырмамытӀ:] ЩӀалитӀым, я автоматыр япщӀэхэлъу, щӀыхьэпӀэм деж къыщоувыӀэ, сэ жьантӀэмкӀэ сашэри сагъэтӀыс. ХьэщӀэ лъапӀэ, 404. 2. (1). ПщӀэ гуэр щумыгъэту адэкӀэ пыщэн. Хъыдан тӀэкӀу къигъуэтауэ Лу бэлшэвыч пыӀэм хэда щэкӀ плъыжьым ещхьу езым и пыӀэми, ныбжьэгъу иӀэм я пыӀэми хидэну хъыдан плъыжьхэр ичатхъэурэ зэригъэзахуэрт. Лу абыи къыщыувыӀакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 305.