къыщылъэтын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къыщолъэт)

ПсынщӀэу къызэфӀэувэн.

рувскочить, подняться

ЩӀакӀуэ зыщыгъ лӀышхуэр зэрыщӀыхьэу, стӀолым бгъэдэс генералыр .. къыщолъэт.— Шортэн Аскэрбий

+1 örnek

-Сыт мыбы "си гъусэ, си Ӏыхьэ" жыхуэпӀэр? - жиӀэри Уэзрэдж ябгэр губжьауэ къыщылъэтащ.— КӀэрашэ Тембот, Акъсырэ Залымхъан

Kitapta geçtiği hali

къыщылъэтын (къыщолъэт) неперех. гл. вскочить, подняться / ПсынщӀэу къызэфӀэувэн. * ЩӀакӀуэ зыщыгъ лӀышхуэр зэрыщӀыхьэу, стӀолым бгъэдэс генералыр .. къыщолъэт. Ш. А. -Сыт мыбы "си гъусэ, си Ӏыхьэ" жыхуэпӀэр? - жиӀэри Уэзрэдж ябгэр губжьауэ къыщылъэтащ. КӀ. Т., Акъ. З.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къыщолъэт)

ПсынщӀэу къызэфӀэувэн.

Бекъан къыщылъэтыну къеӀэу пхъэ лъакъуэмкӀэ щыӀэбэм, гъуэлъыпӀэм къиху пэтащ, и пащӀэм еӀэбмэ – пащӀэ лъэныкъуэр иӀэжкъым.— Къалэн, 431

+2 örnek

Таша куэдрэ емыплъу къыщылъэтщ, пщэфӀапӀэмкӀэ щӀэлъадэри сэр къипхъуэтащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 603

Зэпеудри жей ӀэфӀ дыдэр, Къыщолъэтыр щӀалэ быдэр.— Тисей, 495

Kitapta geçtiği hali

КЪЫЩЫЛЪЭТЫН (къыщолъэт) лъэмыӀ. (48). ПсынщӀэу къызэфӀэувэн. Бекъан къыщылъэтыну къеӀэу пхъэ лъакъуэмкӀэ щыӀэбэм, гъуэлъыпӀэм къиху пэтащ, и пащӀэм еӀэбмэ – пащӀэ лъэныкъуэр иӀэжкъым. Къалэн, 431. Таша куэдрэ емыплъу къыщылъэтщ, пщэфӀапӀэмкӀэ щӀэлъадэри сэр къипхъуэтащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 603. Зэпеудри жей ӀэфӀ дыдэр, Къыщолъэтыр щӀалэ быдэр. «Тисей», 495.

Düzeltme Öner

къыщылъэтын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.