къыщылъэтыжын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къыщолъэтыж)
ПсынщӀэу къызэфӀэувэжын.
рувскочить, подняться снова
Софят щхьэц зэщӀэкъуэным тэлайкӀэ похьэ, ежь, арщхьэкӀэ зэуэ къыщолъэтыжри стӀолым бгъэдолъадэ.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм
Kitapta geçtiği hali
къыщылъэтыжын (къыщолъэтыж) неперех. гл. вскочить, подняться снова / ПсынщӀэу къызэфӀэувэжын. * Софят щхьэц зэщӀэкъуэным тэлайкӀэ похьэ, ежь, арщхьэкӀэ зэуэ къыщолъэтыжри стӀолым бгъэдолъадэ. Щ. Ӏ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыщолъэтыж)
ПсынщӀэу къызэфӀэувэжын.
ЩӀалэр гужьеяуэ къыщылъэтыжри, ещӀэкъуауэ, къыпича лъэпкъи щымыӀэу, и ныбжьэгъухэр къыщыдыхьэшхыу, лъэныкуъэ зригъэзащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 99
+1 örnek
Щыхьыр пхэщӀкӀэ тетӀысхьащи, къыщылэтыжыну йоӀэ, и хъуреягъкӀэ щӀы фӀыцӀэр лъабжьэкӀэ къритхъуу, и шхуэлми шэ техуа хъунти, шэри лъыри зэхэлъэдэжауэ къожэх, шыр цӀыкӀури щтэри пабжьэмкӀэ хэлъэдауэ, и анэм къыщыщӀар имыщӀэу, къоплъэ.— Лъапсэ, 71
Kitapta geçtiği hali
КЪЫЩЫЛЪЭТЫЖЫН (къыщолъэтыж) лъэмыӀ. (4). ПсынщӀэу къызэфӀэувэжын. ЩӀалэр гужьеяуэ къыщылъэтыжри, ещӀэкъуауэ, къыпича лъэпкъи щымыӀэу, и ныбжьэгъухэр къыщыдыхьэшхыу, лъэныкуъэ зригъэзащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 99. Щыхьыр пхэщӀкӀэ тетӀысхьащи, къыщылэтыжыну йоӀэ, и хъуреягъкӀэ щӀы фӀыцӀэр лъабжьэкӀэ къритхъуу, и шхуэлми шэ техуа хъунти, шэри лъыри зэхэлъэдэжауэ къожэх, шыр цӀыкӀури щтэри пабжьэмкӀэ хэлъэдауэ, и анэм къыщыщӀар имыщӀэу, къоплъэ. Лъапсэ, 71.