къыщыгуфӀыкӀын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыщогуфӀыкӀ)
Зыгуэрым хуэгуфӀэн.
«Адыгэ клуб» жаӀэу цӀыхур щызэхуэсу щыӀэт зы уни Къазджэрий абы кӀуащ, и цӀыхугъэ зыбжанэми яхуэзащ, зыкъоми къыщыгуфӀыкӀащ, арщхьэкӀэ цӀыхум я щхьэ бжьэ еуа хуэдэт, япэм къайхъулӀауэ щыта тӀэкӀухэри яфӀэкӀуэдыжауэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663
+2 örnek
ГуэщымкӀэ ириӀуэнтӀэкӀыу къыщыувыӀэм, хьэщӀэ кӀуэсэжауэ щытар къикӀри, нэжэгужэу, игъащӀэм зэрыцӀыхуу е зэблагъэу зэрыгъуэтыжа хуэдэ, унэм къыщӀэкӀам къыщыгуфӀыкӀыу сэлам кърех: - Сэлам алейкум, тхьэмадэ.— КӀапсэ кӀапэ, 11
ЗанщӀэу стӀолым тебэр тригъэувэри къысщыгуфӀыкӀащ [лӀы сымаджэм Алыджыкъуэ зыхуигъазэу]: - ИӀэ, кащкон, къэтӀыс.— МелыӀыч, 448
Kitapta geçtiği hali
КЪЫЩЫГУФӀЫКӀЫН (къыщогуфӀыкӀ) лъэмыӀ. (8). Зыгуэрым хуэгуфӀэн. «Адыгэ клуб» жаӀэу цӀыхур щызэхуэсу щыӀэт зы уни Къазджэрий абы кӀуащ, и цӀыхугъэ зыбжанэми яхуэзащ, зыкъоми къыщыгуфӀыкӀащ, арщхьэкӀэ цӀыхум я щхьэ бжьэ еуа хуэдэт, япэм къайхъулӀауэ щыта тӀэкӀухэри яфӀэкӀуэдыжауэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663. ГуэщымкӀэ ириӀуэнтӀэкӀыу къыщыувыӀэм, хьэщӀэ кӀуэсэжауэ щытар къикӀри, нэжэгужэу, игъащӀэм зэрыцӀыхуу е зэблагъэу зэрыгъуэтыжа хуэдэ, унэм къыщӀэкӀам къыщыгуфӀыкӀыу сэлам кърех: - Сэлам алейкум, тхьэмадэ. КӀапсэ кӀапэ, 11. ЗанщӀэу стӀолым тебэр тригъэувэри къысщыгуфӀыкӀащ [лӀы сымаджэм Алыджыкъуэ зыхуигъазэу]: - ИӀэ, кащкон, къэтӀыс. МелыӀыч, 448.