къыщхьэщытын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыщхьэщытщ)
1. Зыгуэрым нэхърэ нэхъ лъагэу, и щхьэмкӀэ и гъунэгъуу щытын.
Аркъэми къыщыщӀихьэм, Лу и нэ къызэтрихащ – плъэмэ, зы лӀы жьакӀацэ къащхьэщытщ Ӏэбэлъабэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 144
+2 örnek
Пшагъуэр къуэм дэзу мэуфафэ, ИщӀагъым нури къущамыт, ЛъагапӀэм тету мо удз цӀыкӀум ЩӀыхубзэу уафэр къыщхьэщытщ.— Зы удз цӀыкӀу закъуэ, мывэм тету. «Вагъуэ махуэ», 85
[Абу-Деруиш:] «Аллахьу акбар» жиӀэмэ, дэ къытщхьэщыт къару щыӀэу къокӀри, абы зыпэщӀэвмысэ.— Кхъэлэгъунэ, 379
2. Зыгуэр пхъумэн, упӀын, къэгъэхъун щхьэкӀэ хуэпсэун.
Лу и адэр къыщхьэщымыту псэун хуей хъуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 128
+1 örnek
Езы [бабыщ шырхэр] цӀыкӀухэр есэжат, я дадэр къащхьэщымытми, здыхуеймкӀэ кӀуэри, псы къиуам хэлъэдащ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 491
Kitapta geçtiği hali
КЪЫЩХЬЭЩЫТЫН (къыщхьэщытщ) лъэмыӀ. (20). 1. (16). Зыгуэрым нэхърэ нэхъ лъагэу, и щхьэмкӀэ и гъунэгъуу щытын. Аркъэми къыщыщӀихьэм, Лу и нэ къызэтрихащ – плъэмэ, зы лӀы жьакӀацэ къащхьэщытщ Ӏэбэлъабэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 144. Пшагъуэр къуэм дэзу мэуфафэ, ИщӀагъым нури къущамыт, ЛъагапӀэм тету мо удз цӀыкӀум ЩӀыхубзэу уафэр къыщхьэщытщ. Зы удз цӀыкӀу закъуэ, мывэм тету. «Вагъуэ махуэ», 85. [Абу-Деруиш:] «Аллахьу акбар» жиӀэмэ, дэ къытщхьэщыт къару щыӀэу къокӀри, абы зыпэщӀэвмысэ. Кхъэлэгъунэ, 379. 2. (4). зэхь. Зыгуэр пхъумэн, упӀын, къэгъэхъун щхьэкӀэ хуэпсэун. Лу и адэр къыщхьэщымыту псэун хуей хъуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 128. Езы [бабыщ шырхэр] цӀыкӀухэр есэжат, я дадэр къащхьэщымытми, здыхуеймкӀэ кӀуэри, псы къиуам хэлъэдащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 491.