къыхэӀукӀын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къыхоӀукӀ)
Зыгуэрым къыхэкӀыу Ӏун.
рузвучать, звенеть, шуметь откуда-л.
Зэпымыуж дыхьэшх макъым тэлай-тэлайкӀэ къыхоӀукӀ дыхьэшхыныр нэхъри щӀэзыгъэст псалъэхэр.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
къыхэӀукӀын (къыхоӀукӀ) неперех. гл. звучать, звенеть, шуметь откуда-л. / Зыгуэрым къыхэкӀыу Ӏун. * Зэпымыуж дыхьэшх макъым тэлай-тэлайкӀэ къыхоӀукӀ дыхьэшхыныр нэхъри щӀэзыгъэст псалъэхэр. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыхоӀукӀ)
ЗыщӀыпӀэ макъ къыхэкӀыу Ӏун.
Мэзым къыхэӀукӀым зэрыжиӀа дыдэм хуэдэу, модрейри щыхьым и пхэмкӀэ бгъэдыхьэри, и щхьэри къиубыду къигъэщӀеин и гугъати, щыхьым зыкъигъазэри щакӀуэр къыхыфӀихуащ, арщхьэкӀэ сэм къиуӀауэ щыхьымрэ щакӀуэмрэ бжьэцу зэрызохьэ, тӀуми лъыпсыр къапыжу, ятӀэ защӀэ хъуауэ.— Лъапсэ, 72
+1 örnek
Арыххэу мэз чыцэм къыхэӀукӀащ зыгуэр фийуэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 297
Kitapta geçtiği hali
КЪЫХЭӀУКӀЫН (къыхоӀукӀ) лъэмыӀ. (3). ЗыщӀыпӀэ макъ къыхэкӀыу Ӏун. Мэзым къыхэӀукӀым зэрыжиӀа дыдэм хуэдэу, модрейри щыхьым и пхэмкӀэ бгъэдыхьэри, и щхьэри къиубыду къигъэщӀеин и гугъати, щыхьым зыкъигъазэри щакӀуэр къыхыфӀихуащ, арщхьэкӀэ сэм къиуӀауэ щыхьымрэ щакӀуэмрэ бжьэцу зэрызохьэ, тӀуми лъыпсыр къапыжу, ятӀэ защӀэ хъуауэ. Лъапсэ, 72. Арыххэу мэз чыцэм къыхэӀукӀащ зыгуэр фийуэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 297.