къыхэхутэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къыхохутэ)
1. Зыгуэрым ухэт, хэхуэн.
руоказаться, очутиться где-л. среди кого-чего-л.
ЦӀыху Ӏувым къыхэхутэн.
2. Къыхэгъуэтэн, хэлъу къыщӀэгъэкӀын.
руобнаружить кого-что-л. где-л.
Kitapta geçtiği hali
къыхэхутэн (къыхохутэ) неперех. гл. 1. оказаться, очутиться где-л. среди кого-чего-л. / Зыгуэрым ухэт, хэхуэн. ЦӀыху Ӏувым къыхэхутэн. 2. обнаружить кого-что-л. где-л. / Къыхэгъуэтэн, хэлъу къыщӀэгъэкӀын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыхохутэ)
Зыгуэрым зэрымыщӀэкӀэ хэхуэн.
АрщхьэкӀэ жэщ хьэщӀэр зэлӀзэфызыр зыхэлъа пӀэм къыхэхута зэрыхъуар къыхуэмыщӀэу къоуӀэбжь [цӀыхубзыр]: - Аргуэру уэра?— ВитӀ, 416
+1 örnek
Бысымым и гъуэлъыпӀэм иришалӀэу «хьэщӀэр» щигъэгъуэлъым занщӀэу гу лъитащ бысымыр зыхэлъа пӀэ хуабэм къызэрыхэхутам, арщхьэкӀэ ирикуакъым [Дуду] еупщӀын: «Уи закъуэу упсэурэ?» - жиӀэу.— ВитӀ, 416
Kitapta geçtiği hali
КЪЫХЭХУТЭН (къыхохутэ) лъэмыӀ. (2). Зыгуэрым зэрымыщӀэкӀэ хэхуэн. АрщхьэкӀэ жэщ хьэщӀэр зэлӀзэфызыр зыхэлъа пӀэм къыхэхута зэрыхъуар къыхуэмыщӀэу къоуӀэбжь [цӀыхубзыр]: - Аргуэру уэра? ВитӀ, 416. Бысымым и гъуэлъыпӀэм иришалӀэу «хьэщӀэр» щигъэгъуэлъым занщӀэу гу лъитащ бысымыр зыхэлъа пӀэ хуабэм къызэрыхэхутам, арщхьэкӀэ ирикуакъым [Дуду] еупщӀын: «Уи закъуэу упсэурэ?» - жиӀэу. ВитӀ, 416.