къыхыхьэжын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыхохьэж)
1. Къигъэзэжу зыгуэрхэм ящыщ зищӀыжын.
Къегъазэ щӀалэм и хэкужькӀэ, КъызыхэкӀахэм къахохьэж.— Къазджэрий. «Вагъуэ махуэ», 11
+1 örnek
Пщыхьэщхьэ хъууэ [Таша] и ныбжьэгъухэм къахыхьэжа иужь, псоми яӀуэтэжащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 604
2. Зыгуэрым дэщӀыгъу хъун.
Аргуэру урамрэ Ӏэгуауэмрэ фызхэм я гъы макъыр, я зэщыджэ макъыр къыхыхьэжауэ зэрызехьэшхуэ къэхъеящ.— Щынэхужьыкъуэ, 48
+1 örnek
Къэхъея псалъэмакъыр Нартыхум и гум шэуэ къытехуащи, иджы зыри и нэм къихьыжыркъым, сыщӀэкӀыу щхьэ семыжьэжрэ, жиӀэу къызэкӀуэкӀащ, псалъэ мышыум клубым щыжаӀар къыхыхьэжауэ зэгуэуд щхьэкӀэ, яхэкӀыжмэ, къызэхуэсам я жагъуэ хъунущи, жаӀэр уи гум томыгъахуэу хъунукъым.— Лъапсэ, 75
3. Зыдэпсэууэ щӀэдзэн.
[Къэрэлъашэ Кулисум жреӀэ:] Си унэ гуащэм бын къысхуимылъхуу дунейм ехыжащ, уэ фызабэу укъэнащ, къысхыхьэж.— Нэгъуху, 35
Kitapta geçtiği hali
КЪЫХЫХЬЭЖЫН (къыхохьэж) лъэмыӀ. (9). 1. (4). Къигъэзэжу зыгуэрхэм ящыщ зищӀыжын. Къегъазэ щӀалэм и хэкужькӀэ, КъызыхэкӀахэм къахохьэж. Къазджэрий. «Вагъуэ махуэ», 11. Пщыхьэщхьэ хъууэ [Таша] и ныбжьэгъухэм къахыхьэжа иужь, псоми яӀуэтэжащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 604. 2. (4). Зыгуэрым дэщӀыгъу хъун. Аргуэру урамрэ Ӏэгуауэмрэ фызхэм я гъы макъыр, я зэщыджэ макъыр къыхыхьэжауэ зэрызехьэшхуэ къэхъеящ. Щынэхужьыкъуэ, 48. Къэхъея псалъэмакъыр Нартыхум и гум шэуэ къытехуащи, иджы зыри и нэм къихьыжыркъым, сыщӀэкӀыу щхьэ семыжьэжрэ, жиӀэу къызэкӀуэкӀащ, псалъэ мышыум клубым щыжаӀар къыхыхьэжауэ зэгуэуд щхьэкӀэ, яхэкӀыжмэ, къызэхуэсам я жагъуэ хъунущи, жаӀэр уи гум томыгъахуэу хъунукъым. Лъапсэ, 75. 3. (1). Зыдэпсэууэ щӀэдзэн. [Къэрэлъашэ Кулисум жреӀэ:] Си унэ гуащэм бын къысхуимылъхуу дунейм ехыжащ, уэ фызабэу укъэнащ, къысхыхьэж. Нэгъуху, 35.