къыхыфӀэдзэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къыхыфӀедзэ)
КъызыӀэпыгъэхуауэ мыдэкӀэ къэдзын.
рубросить, швырнуть кого-что-л. (сюда)
КъыхыфӀедзэ джэджьейр псынщӀэу, Ӏэмалыншэу бгъэр мэщэӀу.— Балъкъэр Фоусэт
Kitapta geçtiği hali
къыхыфӀэдзэн (къыхыфӀедзэ) перех. гл. бросить, швырнуть кого-что-л. (сюда) / КъызыӀэпыгъэхуауэ мыдэкӀэ къэдзын. * КъыхыфӀедзэ джэджьейр псынщӀэу, Ӏэмалыншэу бгъэр мэщэӀу. Б. Ф.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыхыфӀедзэ)
КъызыӀэпыгъэхуауэ мыдэкӀэ къэдзын.
Къылышбий и къуэм и Ӏэпхъуамбэ зэхуакум къыдэна цы Ӏэрамэр асэтин джыназым и пащхьэм деж къихуэу къыхыфӀидзащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 117
+2 örnek
Махуэ енкӀэ шур къэжауэ, Фызыжь пщыӀэм къэсыжауэ, Гузэвэгъуэр къакӀэлъосыр, А иныжьыр псынщӀэу къосыр НапӀэзыпӀэу къохъу телъыджэ, КъыхыфӀедзэр щӀалэм гъуджэр, Шум и ужьыр мэхъу мылыджэ.— Елбэздыкъуэ, 19
Зыгуэрым къихьу къыхыфӀидза пхъэ дакъэжьри сэбэп хъуат, абы техуэр тетӀысхьауэ тест.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646
Kitapta geçtiği hali
КЪЫХЫФӀЭДЗЭН (къыхыфӀедзэ) лъэӀ. (7). КъызыӀэпыгъэхуауэ мыдэкӀэ къэдзын. Къылышбий и къуэм и Ӏэпхъуамбэ зэхуакум къыдэна цы Ӏэрамэр асэтин джыназым и пащхьэм деж къихуэу къыхыфӀидзащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 117. Махуэ енкӀэ шур къэжауэ, Фызыжь пщыӀэм къэсыжауэ, Гузэвэгъуэр къакӀэлъосыр, А иныжьыр псынщӀэу къосыр НапӀэзыпӀэу къохъу телъыджэ, КъыхыфӀедзэр щӀалэм гъуджэр, Шум и ужьыр мэхъу мылыджэ. «Елбэздыкъуэ», 19. Зыгуэрым къихьу къыхыфӀидза пхъэ дакъэжьри сэбэп хъуат, абы техуэр тетӀысхьауэ тест. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646.