къыхуэшэжын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къыхуешэж)
1. Къэшэжауэ зыгуэрым зыгуэр Ӏэрыгъэхьэжын, егъэгъуэтыжын (и лӀэӀукӀэ, и унафэкӀэ). Хьэпшыпхэр къыхуэшэжын.
рупривезти, привести обратно кого-что-л. к кому-л. (по чьей-л. просьбе, желанию, велению)
2. Фыз къегъэшэжын.
руженить вновь, повторно
(къыхуошэж)
Зыгуэр къишэжыну лъэкӀын, хузэфӀэкӀын, къишэжыфын.
русуметь привезти, привести кого-что-л.
Kitapta geçtiği hali
къыхуэшэжын I (къыхуешэж) перех. гл. 1. привезти, привести обратно кого-что-л. к кому-л. (по чьей-л. просьбе, желанию, велению) / Къэшэжауэ зыгуэрым зыгуэр Ӏэрыгъэхьэжын, егъэгъуэтыжын (и лӀэӀукӀэ, и унафэкӀэ). Хьэпшыпхэр къыхуэшэжын. 2. женить вновь, повторно / Фыз къегъэшэжын. II (къыхуошэж) неперех. гл. суметь привезти, привести кого-что-л. / Зыгуэр къишэжыну лъэкӀын, хузэфӀэкӀын, къишэжыфын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыхуешэж)
Къэшэжауэ зыгуэрым зыгуэр Ӏэрыгъэхьэжын, егъэгъуэтыжын.
Бжэр къыӀуихрэ плъэмэ – Бекъан и пхъэ лъакъуитӀыр иӀыгъыу шым телъщ, уанэгум илъу, и пащӀэ закъуэр пӀийуэ, шы ӀумпӀэр къуажэ Советым тет председателым иӀыгъщ: - Къыпхуэсшэжащ, Ӏурарэ, уи щхьэгъусэр, ди щауэишыжу аращ, къет мыдэ бжьэ.— Къалэн, 433
+1 örnek
[Жамбот унэм щӀэсхэм яжреӀэ]: Щауэр къыфхуэсшэжащ (псоми сэлам ярех).— Алъхъо, 97
Kitapta geçtiği hali
КЪЫХУЭШЭЖЫН (къыхуешэж) лъэӀ. (2). Къэшэжауэ зыгуэрым зыгуэр Ӏэрыгъэхьэжын, егъэгъуэтыжын. Бжэр къыӀуихрэ плъэмэ – Бекъан и пхъэ лъакъуитӀыр иӀыгъыу шым телъщ, уанэгум илъу, и пащӀэ закъуэр пӀийуэ, шы ӀумпӀэр къуажэ Советым тет председателым иӀыгъщ: - Къыпхуэсшэжащ, Ӏурарэ, уи щхьэгъусэр, ди щауэишыжу аращ, къет мыдэ бжьэ. Къалэн, 433. [Жамбот унэм щӀэсхэм яжреӀэ]: Щауэр къыфхуэсшэжащ (псоми сэлам ярех). Алъхъо, 97.