къыфӀэщын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыфӀещ)
ЦӀэ етын, егъэгъуэтын.
Долэт а зэкъуэшитӀым я адэ Астемыр хуэхъущӀэу зэхахащ, «Астемыр щхьэгъавэ» къыфӀищауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 244
+1 örnek
[Дэфэрэдж:] Сэ медицинэм зестауэ слъэкӀ къэзмыгъанэу, жэщ-махуэ симыӀэу, Ӏэзэ къыщытфӀащакӀэ Ӏэзэу дыщытын хуейщ жысӀэу гугъу зезгъэхьырт.— Лъапсэ, 10
Kitapta geçtiği hali
КЪЫФӀЭЩЫН (къыфӀещ) лъэӀ. (4). ЦӀэ етын, егъэгъуэтын. Долэт а зэкъуэшитӀым я адэ Астемыр хуэхъущӀэу зэхахащ, «Астемыр щхьэгъавэ» къыфӀищауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 244. [Дэфэрэдж:] Сэ медицинэм зестауэ слъэкӀ къэзмыгъанэу, жэщ-махуэ симыӀэу, Ӏэзэ къыщытфӀащакӀэ Ӏэзэу дыщытын хуейщ жысӀэу гугъу зезгъэхьырт. Лъапсэ, 10.