къыфӀэмыгъэкӀын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыфӀигъэкӀкъым)
Ӏуэхур адэкӀэ мыгъэкӀуэн, къэгъэувыӀэн.
Думэсарэрэ Нанэрэ я щхьэр къыфӀэхуауэ Астемыр жиӀэм едаӀуэрт, зэзэмызэ псалъэ зырыз къыхадзэмэ, абы къыфӀамыгъэкӀыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 123
+2 örnek
«КъыптекӀуэр гугъущ» жыхуаӀар мыбы [Раисэ Муратовнэ и лӀым] дауэ къыгурыӀуауэ пӀэрэ жиӀэу Нартыху щыму зэрыщытам тетт, жаӀам къыфӀимыгъэкӀмэ, арэзы ирихъуну.— Лъапсэ, 83
[Алыджыкъуэ цӀыхубзым жреӀэ:] – Сэ сыщыщыӀэкӀэ щыӀэу къыщӀэкӀынщ [цӀыхухъу емыфэ]. – Сэри абы къыфӀэзмыгъэкӀыу кӀэртӀоф гъэжьам зестащ.— МелыӀыч, 441
Kitapta geçtiği hali
КЪЫФӀЭМЫГЪЭКӀЫН (къыфӀигъэкӀкъым) лъэӀ. (28). Ӏуэхур адэкӀэ мыгъэкӀуэн, къэгъэувыӀэн. Думэсарэрэ Нанэрэ я щхьэр къыфӀэхуауэ Астемыр жиӀэм едаӀуэрт, зэзэмызэ псалъэ зырыз къыхадзэмэ, абы къыфӀамыгъэкӀыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 123. «КъыптекӀуэр гугъущ» жыхуаӀар мыбы [Раисэ Муратовнэ и лӀым] дауэ къыгурыӀуауэ пӀэрэ жиӀэу Нартыху щыму зэрыщытам тетт, жаӀам къыфӀимыгъэкӀмэ, арэзы ирихъуну. Лъапсэ, 83. [Алыджыкъуэ цӀыхубзым жреӀэ:] – Сэ сыщыщыӀэкӀэ щыӀэу къыщӀэкӀынщ [цӀыхухъу емыфэ]. – Сэри абы къыфӀэзмыгъэкӀыу кӀэртӀоф гъэжьам зестащ. МелыӀыч, 441.