къытечын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къытрач)

1. Зыгуэрым и щхьэм, и щӀыӀум тетыр къытетхъын.

руоторвать что-л. от чего-л.

Тхылъ жинтыр къытечын.

2. Къытехын, къытеудын.

русбить, снять

кого-л. с чего-л. (напр. всадника с седла)

+1 örnek

ЛӀыр шым къытечын.

3. Зыгуэр зыпэрытым къыпэрышын (лэжьыгъэм). Лэжьыгъэм къытечын.

руоторвать кого-л. от чего-л. (напр. от работы)

Kitapta geçtiği hali

къытечын (къытрач) перех. гл. 1. оторвать что-л. от чего-л. / Зыгуэрым и щхьэм, и щӀыӀум тетыр къытетхъын. Тхылъ жинтыр къытечын. 2. переносное сбить, снять кого-л. с чего-л. (напр. всадника с седла) / Къытехын, къытеудын. ЛӀыр шым къытечын. 3. переносное оторвать кого-л. от чего-л. (напр. от работы) / Зыгуэр зыпэрытым къыпэрышын (лэжьыгъэм). Лэжьыгъэм къытечын.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къытреч)

1. Зыгуэрым и щхьэм, и щӀыӀум тетыр къытетхъын.

А дур зытет мывэм къытрачри гуэщым щӀалъафэри сценэм ирагъэуващ, декорацэ хъарзынэу къэдгупсысащ, жаӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 629

+2 örnek

Езы адакъэри пабжьэм хэсащ зиужьыжыху, хьэ тумэм сеуӀуу и пэнцӀывыр щхьэ къытезмычрэ, жиӀэу.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 480

ЗэрылӀы пхъашэр имыгъэгъуащэу, [Жыраслъэн] и щхьэр Ӏэтарэ пагафэ зытригъэуауэ, и ужьым ит сэлэтхэр хъымпӀар имыщӀу кӀуэрт, и пащӀитӀым зыр къытрачауэ щытыгъати пащӀэ ныкъуэу щыт пэтми.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 580

2. ЩӀэхъумэн хуей гуэр наӀуэ щӀын.

[Алыджыкъуэ:] ЩӀыунэ щӀыхьэпӀэм деж хьэрфышхуэ дахэкӀэ тетхащ: «Бильярдная» жиӀэу. Си урысыбзэр щӀагъуащэтэкъыми, а псалъэр къызэрызгурыӀуар нэгъуэщӀут. Мыр дауэ къытеча дыдэу тратха?— МелыӀыч, 445

Kitapta geçtiği hali

КЪЫТЕЧЫН (къытреч) лъэӀ. (7). 1. (6). Зыгуэрым и щхьэм, и щӀыӀум тетыр къытетхъын. А дур зытет мывэм къытрачри гуэщым щӀалъафэри сценэм ирагъэуващ, декорацэ хъарзынэу къэдгупсысащ, жаӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 629. Езы адакъэри пабжьэм хэсащ зиужьыжыху, хьэ тумэм сеуӀуу и пэнцӀывыр щхьэ къытезмычрэ, жиӀэу. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 480. ЗэрылӀы пхъашэр имыгъэгъуащэу, [Жыраслъэн] и щхьэр Ӏэтарэ пагафэ зытригъэуауэ, и ужьым ит сэлэтхэр хъымпӀар имыщӀу кӀуэрт, и пащӀитӀым зыр къытрачауэ щытыгъати пащӀэ ныкъуэу щыт пэтми. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 580. 2. (1). зэхь. ЩӀэхъумэн хуей гуэр наӀуэ щӀын. [Алыджыкъуэ:] ЩӀыунэ щӀыхьэпӀэм деж хьэрфышхуэ дахэкӀэ тетхащ: «Бильярдная» жиӀэу. Си урысыбзэр щӀагъуащэтэкъыми, а псалъэр къызэрызгурыӀуар нэгъуэщӀут. Мыр дауэ къытеча дыдэу тратха? МелыӀыч, 445.

Düzeltme Öner

къытечын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.