къытегъэзэн-нытегъэзэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къытрегъазэ-нытрегъазэ)
Сытым дихьэхауэ пӀэрэ, жыпӀэмэ, «Золотой теленоккӀэ» зэджэ тхылъым къытригъазэ-нытригъазэу йоджэр [Ботэх], къурӀэным ещхьу.— Лъапсэ, 96
+2 örnek
Думэсарэ мафӀэ ищӀауэ шхыныр игъэхуэбэжырт, Нани нэмэзлыкъым тесу нэмэзыбзэу ищӀэ тӀэкӀур тӀэу-щэ къытригъазэ-нытригъазэурэ жиӀащ, нэмэз щыгъэ иӀэри игъажэу Ӏущащэу зыкъомри щысащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 123
ПсалъэкӀэ, дахэкӀэ узыхэмызагъэ къыпэщӀэхуамэ, жэщ-махуэ щысыфырт [Вэрокъуэ Нахъуэ], зэ жиӀар къытригъазэ-нытригъазэу къыжиӀэжурэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 509
Kitapta geçtiği hali
КЪЫТЕГЪЭЗЭН-НЫТЕГЪЭЗЭН (къытрегъазэ-нытрегъазэ) лъэмыӀ. (5). Еплъ къытегъэзэжын-нытегъэзэжын. Сытым дихьэхауэ пӀэрэ, жыпӀэмэ, «Золотой теленоккӀэ» зэджэ тхылъым къытригъазэ-нытригъазэу йоджэр [Ботэх], къурӀэным ещхьу. Лъапсэ, 96. Думэсарэ мафӀэ ищӀауэ шхыныр игъэхуэбэжырт, Нани нэмэзлыкъым тесу нэмэзыбзэу ищӀэ тӀэкӀур тӀэу-щэ къытригъазэ-нытригъазэурэ жиӀащ, нэмэз щыгъэ иӀэри игъажэу Ӏущащэу зыкъомри щысащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 123. ПсалъэкӀэ, дахэкӀэ узыхэмызагъэ къыпэщӀэхуамэ, жэщ-махуэ щысыфырт [Вэрокъуэ Нахъуэ], зэ жиӀар къытригъазэ-нытригъазэу къыжиӀэжурэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 509.