къыпэкӀуэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къыпокӀуэ)

Зы Ӏуэхугъуэ гуэрым и фӀыгъэкӀэ е и ягъэкӀэ къэхъун, зыгуэрым и пщӀэ, и жэуап хъун.

руявиться следствием чего-л., ответом на что-л., платой за что-л.

ФӀы пщӀэмэ, фӀы къыпэкӀуэнщ, Ӏей пщӀэмэ, Ӏей къыпэкӀуэнщ.— Псалъэжьхэр

+1 örnek

{ХьэцӀыкӀу:} - Догуэ, атӀэ сэ си гугъуехьым зыгуэр къыпэкӀуэн хуейкъэ?— Зы едзыгъуэу зэхэлъ пьесэхэр

Kitapta geçtiği hali

къыпэкӀуэн (къыпокӀуэ) неперех. гл. явиться следствием чего-л., ответом на что-л., платой за что-л. / Зы Ӏуэхугъуэ гуэрым и фӀыгъэкӀэ е и ягъэкӀэ къэхъун, зыгуэрым и пщӀэ, и жэуап хъун. * ФӀы пщӀэмэ, фӀы къыпэкӀуэнщ, Ӏей пщӀэмэ, Ӏей къыпэкӀуэнщ. (погов.) {ХьэцӀыкӀу:} - Догуэ, атӀэ сэ си гугъуехьым зыгуэр къыпэкӀуэн хуейкъэ? Пьесэхэр.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къыпокӀуэ)

1. Зы Ӏуэхугъуэ гуэрым и фӀыгъэкӀэ къэхъун, зыгуэрым и пщӀэ хъун.

ОрденитӀ и лӀыгъэм къыпэкӀуащи, бригадэм я бэракъым хиӀуауэ хэлъщ, лӀыгъэм и дамыгъэм дежкӀэ ар нэхъ къекӀуу къилъытати [Къэрэмырзэ].— Лыгъэ, 413

+2 örnek

Омар [Шлоссер жреӀэ]: Си статьям къыпэкӀуэнум и ныкъуэр уэ уэзмыту хъуну къыщӀэкӀынкъым.— Гъуэгуанэ, 100

Зы бостейм къыпэкӀуэр шыгъу стэкант.— Нал къута, 236

2. КъэкӀуэн, дяпэкӀэ къэхъун, къэунэхун.

Зэман къытпэкӀуэм хэхуами Усэм и щӀыхьыр мащӀэнкъым, МылӀэжыныгъэм хуалъхуахэм Бэныр зыпэплъэр текӀуэнкъым.— Сэ стиххэм гъэру саӀыгъщ. «Шум и гъуэгу», 116

Kitapta geçtiği hali

КЪЫПЭКӀУЭН (къыпокӀуэ) лъэмыӀ. (12). 1. (11). Зы Ӏуэхугъуэ гуэрым и фӀыгъэкӀэ къэхъун, зыгуэрым и пщӀэ хъун. ОрденитӀ и лӀыгъэм къыпэкӀуащи, бригадэм я бэракъым хиӀуауэ хэлъщ, лӀыгъэм и дамыгъэм дежкӀэ ар нэхъ къекӀуу къилъытати [Къэрэмырзэ]. Лыгъэ, 413. Омар [Шлоссер жреӀэ]: Си статьям къыпэкӀуэнум и ныкъуэр уэ уэзмыту хъуну къыщӀэкӀынкъым. Гъуэгуанэ, 100. Зы бостейм къыпэкӀуэр шыгъу стэкант. Нал къута, 236. 2. (1). КъэкӀуэн, дяпэкӀэ къэхъун, къэунэхун. Зэман къытпэкӀуэм хэхуами Усэм и щӀыхьыр мащӀэнкъым, МылӀэжыныгъэм хуалъхуахэм Бэныр зыпэплъэр текӀуэнкъым. Сэ стиххэм гъэру саӀыгъщ. «Шум и гъуэгу», 116.

Düzeltme Öner

къыпэкӀуэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.