къыпыщэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къыпещэ)

1. Пщыуэрэ къыпыгъэхъуэн.

руприплести, присоединить вплетая

Щхьэцым щхьэцпыщӀэ къыпыщэн.

2. Къыпыгъэхъуэн, зэпымыгъэун (псалъэр). Бжыгъэм къыпыщэн. ЖиӀэм къыпищэн.

руприбавить к чему-л. что-л., продолжить (напр. разговор)

Kitapta geçtiği hali

къыпыщэн (къыпещэ) перех. гл. 1. приплести, присоединить вплетая / Пщыуэрэ къыпыгъэхъуэн. Щхьэцым щхьэцпыщӀэ къыпыщэн. 2. прибавить к чему-л. что-л., продолжить (напр. разговор) / Къыпыгъэхъуэн, зэпымыгъэун (псалъэр). Бжыгъэм къыпыщэн. ЖиӀэм къыпищэн.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къыпещэ)

Къыпыгъэхъуэн.

Си къарукӀи фӀыгъуэм хэкур хуэзэм, Сэ и гъащӀэм Ӏэджэ къыпысщэнут, Дыгъэмыхъуэр сэ дыгъапӀэ сщӀынти, Уафэм сыкӀуэу вагъуэ сыхуещэнут.— Псыр къежэхыу уафэм щытыгъамэ… Вагъуэ махуэ, 338

+2 örnek

Алий и урокым апхуэдэ [ЦӀагъуэ Нурий и «Адыгэ тхыдэр»] гуэрхэр къыщыпищэкӀэ зыдущэхуауэ дедаӀуэрт.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 529

– Уэ уи фызым уэ пхуэдэ хьэжь-кхъуэжь щхьэгъусэ хуэхъуащи, махуэ къэс тхьэлъэӀу ещӀ, ара? – Сеймэн зыгуэр къыпищэнут, арщхьэкӀэ абы нимыгъэсу Мэмэт-щӀакъуэр къеуэщ, къриудыхри шыгухур псым хэхуащ, ерэн зэрыт фэндыжьым хуэдэу.— Лъапсэ, 51

Kitapta geçtiği hali

КЪЫПЫЩЭН (къыпещэ) лъэӀ. (47). Къыпыгъэхъуэн. Си къарукӀи фӀыгъуэм хэкур хуэзэм, Сэ и гъащӀэм Ӏэджэ къыпысщэнут, Дыгъэмыхъуэр сэ дыгъапӀэ сщӀынти, Уафэм сыкӀуэу вагъуэ сыхуещэнут. Псыр къежэхыу уафэм щытыгъамэ… «Вагъуэ махуэ», 338. Алий и урокым апхуэдэ [ЦӀагъуэ Нурий и «Адыгэ тхыдэр»] гуэрхэр къыщыпищэкӀэ зыдущэхуауэ дедаӀуэрт. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 529. – Уэ уи фызым уэ пхуэдэ хьэжь-кхъуэжь щхьэгъусэ хуэхъуащи, махуэ къэс тхьэлъэӀу ещӀ, ара? – Сеймэн зыгуэр къыпищэнут, арщхьэкӀэ абы нимыгъэсу Мэмэт-щӀакъуэр къеуэщ, къриудыхри шыгухур псым хэхуащ, ерэн зэрыт фэндыжьым хуэдэу. Лъапсэ, 51.

Düzeltme Öner

къыпыщэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.