къыпычын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къыпеч)
1. КъарукӀэ зыгуэр къыпытхъын, зэпычын.
руоторвать, отделить что-л. от чего-л.
Ӏуданэр къыпычын.
2. Къыпыхын, къехьэлӀэжын (пхъэщхьэмыщхьэ). Кхъужь къыпычын.
русорвать что-л. (об ягодах, фруктах)
3. Къыпыудын, къыпыгъэщхьэхукӀын, къыпыупщӀын.
руотмерить, отрезать (напр. участок земли)
ЩэкӀ къыпычын. Сажнэ здахьати, Тембот щӀы дестынэ къыпичащ Хьэсанш и щӀым.— Щомахуэ Амырхъан
Kitapta geçtiği hali
къыпычын (къыпеч) перех. гл. 1. оторвать, отделить что-л. от чего-л. / КъарукӀэ зыгуэр къыпытхъын, зэпычын. Ӏуданэр къыпычын. 2. сорвать что-л. (об ягодах, фруктах) / Къыпыхын, къехьэлӀэжын (пхъэщхьэмыщхьэ). Кхъужь къыпычын. 3. переносное отмерить, отрезать (напр. участок земли) / Къыпыудын, къыпыгъэщхьэхукӀын, къыпыупщӀын. * ЩэкӀ къыпычын. Сажнэ здахьати, Тембот щӀы дестынэ къыпичащ Хьэсанш и щӀым. Щ. Ам.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыпеч)
1. КъарукӀэ зыгуэр къыпытхъын, зэпычын.
А кӀапсэмкӀэ [вытӀощыщӀэмкӀэ] удэкӀуейрэ кхъуейплъыжькӀэрыщӀэу арщын зыхыбл зи лъагагъым унэсмэ, нэхъ уигу ирихь зы хьэпшып къыпыпч хъунут.— Хъуэпсэгъуэ нур, 95
+2 örnek
Сэтэней ябгэу Зи бгыр псыгъуабзэр Зэгуэп мардэншэм КъызэщӀегъаплъэ, И лъэӀу зымыдэм Хузэгуэуду, Дарий щхьэтепхъуэм Хъарыр къыпечыр.— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 424
Ари зи цыр, дауи, адакъэ хужьырат, бажэкӀэр къыпызоч жиӀэурэ бажэр къепхъуа хъунт.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484
2. Къыпыхын.
КӀэпхъыжь цӀыкӀур гуфӀэщати, жыгым дэжей пэтащ, бжеишхуэм пщӀий къыпичу къызэхуэсам яхуигуэшыну.— Кхъухь пхэнж, 501
+2 örnek
Дэфэрэдж мэз Ӏувым хэтурэ здэкӀуэм, зиплъыхьырт, жыгхэм зыгуэр япыту илъэгъуамэ, къыпичу щӀалэ цӀыкӀум иригъэшхыну.— Лъапсэ, 54
Удз гъэгъари ирегъагъэ, Дахэщ жысӀэу къыпызмыч.— Махуэр блокӀыр напӀэзыпӀэу. «Вагъуэ махуэ», 315
3. КъыпыгъэщхьэхукӀын, къыпыупщӀын.
Мышкъышыр хэкум ираш, адыгэри мэгузавэ, дэри драшмэ, жаӀэри, я щӀым къыпыпч щхьэкӀэ къозэуэнукъым.— Лъапсэ, 86
+1 örnek
Къетау выфэр фэдэн псыгъуэ цӀыкӀуу иригъэбзри бэлыхьу кӀапсэ кӀыхь ящӀа нэужь, унафэ ищӀащ: «Иджы фыкӀуэ си благъэм дежи, мы кӀапсэм къиубыд щӀыр къыпыфчи, мыр уи пхъурылъхум ептар аращ жыфӀи, схужефӀэ».— Лъапсэ, 62
Kitapta geçtiği hali
КЪЫПЫЧЫН (къыпеч) лъэӀ. (36). 1. (25). КъарукӀэ зыгуэр къыпытхъын, зэпычын. А кӀапсэмкӀэ [вытӀощыщӀэмкӀэ] удэкӀуейрэ кхъуейплъыжькӀэрыщӀэу арщын зыхыбл зи лъагагъым унэсмэ, нэхъ уигу ирихь зы хьэпшып къыпыпч хъунут. Хъуэпсэгъуэ нур, 95. Сэтэней ябгэу Зи бгыр псыгъуабзэр Зэгуэп мардэншэм КъызэщӀегъаплъэ, И лъэӀу зымыдэм Хузэгуэуду, Дарий щхьэтепхъуэм Хъарыр къыпечыр. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 424. Ари зи цыр, дауи, адакъэ хужьырат, бажэкӀэр къыпызоч жиӀэурэ бажэр къепхъуа хъунт. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484. 2. (9). Къыпыхын. КӀэпхъыжь цӀыкӀур гуфӀэщати, жыгым дэжей пэтащ, бжеишхуэм пщӀий къыпичу къызэхуэсам яхуигуэшыну. Кхъухь пхэнж, 501. Дэфэрэдж мэз Ӏувым хэтурэ здэкӀуэм, зиплъыхьырт, жыгхэм зыгуэр япыту илъэгъуамэ, къыпичу щӀалэ цӀыкӀум иригъэшхыну. Лъапсэ, 54. Удз гъэгъари ирегъагъэ, Дахэщ жысӀэу къыпызмыч. Махуэр блокӀыр напӀэзыпӀэу. «Вагъуэ махуэ», 315. 3. (2). зэхь. КъыпыгъэщхьэхукӀын, къыпыупщӀын. Мышкъышыр хэкум ираш, адыгэри мэгузавэ, дэри драшмэ, жаӀэри, я щӀым къыпыпч щхьэкӀэ къозэуэнукъым. Лъапсэ, 86. Къетау выфэр фэдэн псыгъуэ цӀыкӀуу иригъэбзри бэлыхьу кӀапсэ кӀыхь ящӀа нэужь, унафэ ищӀащ: «Иджы фыкӀуэ си благъэм дежи, мы кӀапсэм къиубыд щӀыр къыпыфчи, мыр уи пхъурылъхум ептар аращ жыфӀи, схужефӀэ». Лъапсэ, 62.