къылъыхъун
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къылъохъу)
Щхьэгъусэ ящӀыну цӀыхубзым къыщӀэупщӀэн.
русвататься за кого-л.
Бэрэ укъыслъыхъуми, сыпхуэмей!— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
къылъыхъун (къылъохъу) неперех. гл. свататься за кого-л. / Щхьэгъусэ ящӀыну цӀыхубзым къыщӀэупщӀэн. * Бэрэ укъыслъыхъуми, сыпхуэмей! Къэб. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къылъохъу)
Щхьэгъусэ ящӀыну цӀыхубзым къыщӀэупщӀэн.
[Тинэ:] Сэри ин сыхъурэ зыгуэр къыслъыхъумэ, Лусанэ и анэм жиӀэр сэр папщӀэ гуащэм жиӀэну пӀэрэ, жиӀэу гузавэрт, арщхьэкӀэ Тинэ щӀэгузавэр зыжриӀэн дунейм теттэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 637
+2 örnek
Жыжьэ къикӀыр къыплъыхъуам удокӀуэ, жи [анэм], Уареда.— Си анэм хуэзусыжар. «Щхьэлыкъуэ», 391
[Мариам гупсысэрт:] Пщащэм къылъыхъун къыкъуэкӀми, и адэ-анэр унэншэ-жьэгуншэу хэт благъэ къахуэхъун?— Лэчымэ, 389
(къылъохъу)
Зыгуэрым лъыхъуэу щӀэупщӀэн.
– Къылышбий и къуэр къызэрыплъыхъур пщӀэрэ? – жиӀэу Залымджэрий къилъащ, Астемыр щӀригъэгъуэжыну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 92
+1 örnek
[Астемыр Залымджэрий жреӀэ:] – Къылышбий и къуэр къыслъыхъуми сыкъигъуэтынщ. Сэ скӀэрылъ щыӀэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 92
Kitapta geçtiği hali
КЪЫЛЪЫХЪУН I (къылъохъу) лъэмыӀ. (11). Щхьэгъусэ ящӀыну цӀыхубзым къыщӀэупщӀэн. [Тинэ:] Сэри ин сыхъурэ зыгуэр къыслъыхъумэ, Лусанэ и анэм жиӀэр сэр папщӀэ гуащэм жиӀэну пӀэрэ, жиӀэу гузавэрт, арщхьэкӀэ Тинэ щӀэгузавэр зыжриӀэн дунейм теттэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 637. Жыжьэ къикӀыр къыплъыхъуам удокӀуэ, жи [анэм], Уареда. Си анэм хуэзусыжар. «Щхьэлыкъуэ», 391. [Мариам гупсысэрт:] Пщащэм къылъыхъун къыкъуэкӀми, и адэ-анэр унэншэ-жьэгуншэу хэт благъэ къахуэхъун? Лэчымэ, 389.
КЪЫЛЪЫХЪУН II (къылъохъу) лъэмыӀ. (2). Зыгуэрым лъыхъуэу щӀэупщӀэн. - Къылышбий и къуэр къызэрыплъыхъур пщӀэрэ? – жиӀэу Залымджэрий къилъащ, Астемыр щӀригъэгъуэжыну. Хъуэпсэгъуэ нур, 92. [Астемыр Залымджэрий жреӀэ:] – Къылышбий и къуэр къыслъыхъуми сыкъигъуэтынщ. Сэ скӀэрылъ щыӀэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 92.