къылъыкъуэкӀын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къылъыкъуокӀ)
1. Зыгуэрым зыгуэр иӀэ хъун, къэхъеин (Ӏуэху гуэр).
рувозникнуть, появиться у кого-л. (напр. о деле)
ЗэрыпхъуакӀуэхэр хэкум зэрырахужу, цӀыхухэм лэжьыгъэшхуэ къалъыкъуэкӀащ.— Ӏуащхьэмахуэ
2. Зыгуэрым и деж къыщагъуэтын (гъэпщкӀуа гуэр). Ӏэщэ къылъыкъуэкӀын.
руобнаружиться у кого-л. (о чем-л. спрятанном)
Kitapta geçtiği hali
къылъыкъуэкӀын (къылъыкъуокӀ) неперех. гл. 1. возникнуть, появиться у кого-л. (напр. о деле) / Зыгуэрым зыгуэр иӀэ хъун, къэхъеин (Ӏуэху гуэр). * ЗэрыпхъуакӀуэхэр хэкум зэрырахужу, цӀыхухэм лэжьыгъэшхуэ къалъыкъуэкӀащ. Ӏуащхь. 2. обнаружиться у кого-л. (о чем-л. спрятанном) / Зыгуэрым и деж къыщагъуэтын (гъэпщкӀуа гуэр). Ӏэщэ къылъыкъуэкӀын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къылъыкъуокӀ)
1. Зыгуэр езым ехьэлӀауэ зэмыжьа гуэр къэхъун.
[Дэфэрэдж:] Армырмэ, Сэлимэ (хъыджэбзым и цӀэр арат) къыкӀэлъыкӀуэр, къыщӀэупщӀэр куэдынут, абы ищӀыӀужкӀэ хъыджэбзым суд Ӏуэху къылъыкъуэкӀмэ, следователь сытхэри къэкӀуэнкӀэ мэхъу, уеблэмэ сэр щхьэкӀэ зэпхыжаӀыкӀыу зэхэсхащ «и щхьэм щошынэжри зефыщӀыж» жаӀэу.— Лъапсэ, 22
+1 örnek
Лу, дауи, и гуи и щхьи къэкӀыртэкъым ар зыщыгугъ гуфӀэгъуэм нэхъ гуфӀэгъуэж ирихьэлӀэну е гуащэр къалэм пшэным ебгъапщэ хъун Ӏуэху къылъыкъуэкӀыну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 306
2. Зыгуэрым ибзыщӀ гуэр нахуэ хъун.
Жэщ хъури Къазыхъуэ Мухътарыр ягъэтӀысащ, арщхьэкӀэ махуищ дэкӀри къаутӀыпщыжащ: - Иджыри зыгуэр къыплъыкъуэкӀым, къыджепӀакъым жумыӀэж, - жаӀэри.— Щынэхужьыкъуэ, 71
+1 örnek
[Хьэбибэ мэгупсысэ:] АтӀэ зы Ӏей гуэр къылъыкъуэкӀуауэ [Апчарэ] арагъэнщ уэрэд щӀыхуаусар.— Щынэхужьыкъуэ, 23
Kitapta geçtiği hali
КЪЫЛЪЫКЪУЭКӀЫН (къылъыкъуокӀ) лъэмыӀ. (5). 1. (3). Зыгуэр езым ехьэлӀауэ зэмыжьа гуэр къэхъун. [Дэфэрэдж:] Армырмэ, Сэлимэ (хъыджэбзым и цӀэр арат) къыкӀэлъыкӀуэр, къыщӀэупщӀэр куэдынут, абы ищӀыӀужкӀэ хъыджэбзым суд Ӏуэху къылъыкъуэкӀмэ, следователь сытхэри къэкӀуэнкӀэ мэхъу, уеблэмэ сэр щхьэкӀэ зэпхыжаӀыкӀыу зэхэсхащ «и щхьэм щошынэжри зефыщӀыж» жаӀэу. Лъапсэ, 22. Лу, дауи, и гуи и щхьи къэкӀыртэкъым ар зыщыгугъ гуфӀэгъуэм нэхъ гуфӀэгъуэж ирихьэлӀэну е гуащэр къалэм пшэным ебгъапщэ хъун Ӏуэху къылъыкъуэкӀыну. Хъуэпсэгъуэ нур, 306. 2. (2). Зыгуэрым ибзыщӀ гуэр нахуэ хъун. Жэщ хъури Къазыхъуэ Мухътарыр ягъэтӀысащ, арщхьэкӀэ махуищ дэкӀри къаутӀыпщыжащ: - Иджыри зыгуэр къыплъыкъуэкӀым, къыджепӀакъым жумыӀэж, - жаӀэри. Щынэхужьыкъуэ, 71. [Хьэбибэ мэгупсысэ:] АтӀэ зы Ӏей гуэр къылъыкъуэкӀуауэ [Апчарэ] арагъэнщ уэрэд щӀыхуаусар. Щынэхужьыкъуэ, 23.