къыкӀэрыхун

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къыкӀэроху)

1. И чэзум иримыхьэлӀэн.

руопоздать

МафӀэгум къыкӀэрыхун.

2. Ядэмыхъун, яужь къинэн.

руотстать от кого-чего-л.

3. Адрейхэм ялъэщӀэмыхьэн, нэхъ хуэму зэрыкӀуэм, гувауэ зэрежьам къыхэкӀкӀэ.

руотстать, остаться позади других

Хъуэжэ и шыжьыр къыхуэмыкӀуэу гупым къыкӀэрыхуащ.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ

4. Зэрыхъуам нэхърэ нэхъ зэман кӀасэ къигъэлъэгъуэн.

руотстать (о часах)

Сыхьэтыр дакъикъэ пщыкӀутхукӀэ къыкӀэроху.

(къыкӀэроху)

1. Зыгуэрым къыкӀэрыкӀын, къыкӀэрыщэту е къыгуэхуу.

руотвалиться, отпасть

Гуэщ блыныр къыкӀэрыхуащ.

2. ЗэрымыщӀэкӀэ зыгуэр пкӀэрыхун, пкӀэрыхуу кӀуэдын

руобронить что-л.

Жэщибл махуибл къэжауэ, зы пхъэдзакӀи къакӀэрыхущ.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ

Kitapta geçtiği hali

къыкӀэрыхун I (къыкӀэроху) неперех. гл. 1. опоздать / И чэзум иримыхьэлӀэн. МафӀэгум къыкӀэрыхун. 2. отстать от кого-чего-л. / Ядэмыхъун, яужь къинэн. 3. отстать, остаться позади других / Адрейхэм ялъэщӀэмыхьэн, нэхъ хуэму зэрыкӀуэм, гувауэ зэрежьам къыхэкӀкӀэ. * Хъуэжэ и шыжьыр къыхуэмыкӀуэу гупым къыкӀэрыхуащ. Къэб. фольк. 4. отстать (о часах) / Зэрыхъуам нэхърэ нэхъ зэман кӀасэ къигъэлъэгъуэн. Сыхьэтыр дакъикъэ пщыкӀутхукӀэ къыкӀэроху. II (къыкӀэроху)1. неперех. гл. отвалиться, отпасть / Зыгуэрым къыкӀэрыкӀын, къыкӀэрыщэту е къыгуэхуу. Гуэщ блыныр къыкӀэрыхуащ. 2. обронить что-л. / ЗэрымыщӀэкӀэ зыгуэр пкӀэрыхун, пкӀэрыхуу кӀуэдын. * Жэщибл махуибл къэжауэ, зы пхъэдзакӀи къакӀэрыхущ. Къэб. фольк.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къыкӀэроху)

1. И чэзум къыримыхьэлӀэн, къэмысын. -477.

Ӏуэгъуэм и мардэр къэсмэ, дакъикъэ закъуэ къыкӀэрыхункъым [Джэлил].— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 476

+2 örnek

ФӀырщ дыхьэшхыкӀэ дэзыгъащӀэр, Ерщ цӀыхур гъыуэ дызыгъасэр, ЕгъэджакӀуитӀри къокӀуэр пасэу, Зыр къыкӀэрыхуми зыр гумащӀэщ.— ЕгъэджакӀуитӀ. «Мывэ хуабэ», 256

[Фызым и гъусэхэм зыхуигъазэу:] УкъыкӀэрыху нэхъ умыкӀуэххэмэ нэхъыфӀщ.— Гъуэгуанэ, 124

2. ЯлъэщӀэмыхьэу зыгуэрым иужьым къинэн.

Мо пшэ цӀыкӀур къакӀэрыхуу Пшэ фӀыцӀэжьхэр тӀэщӀэкӀащ.— Губгъуэ щхъуантӀэм пыӀэр къинэу… Батырыбжьэ, 10

+2 örnek

[Астемыр игукӀэ жиӀэрт:] Уи шыр уогъэпсынщӀэщи – уи ужь итыр къыпкӀэроху, умыгъэпсынщӀэщи, шыр зыдыгъур пӀэщӀокӀ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 170

Дзэм ар [къалэр фызэрыхуейуэ вгуэшыж] зэхегъэхи, сыкъыкӀэрохури Ӏыхьэншэ сохъу, жиӀэу пӀащӀэ-тхъытхъыу цӀыхур зэрыхьу кӀуэнущ.— Лыгъэ, 410

3. Зыгуэрым елъытауэ нэхъ Ӏейуэ щытын, иужь къинэн.

Лу къызэрыфӀэщӀымкӀэ, лӀы хъуат, кхъуейплъыжькӀэрыӀэм дэкӀуейуэ бэлътоку къыщыпичакӀэ, ар и къуэшым зыкӀи къыкӀэрыхуртэкъым, иджы икъукӀэ и гуапэу Елдар Ӏуэхутхьэбзэ хуещӀэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 101

+2 örnek

Абыхэм [шэшэн-мышкъышхэм, къалмыкъхэм] къакӀэрыхуну Къулым фӀэфӀтэкъым.— Щынэхужьыкъуэ, 40

Щэрдан Берд шы къекӀу тесу, Ӏэщэ-фащэкӀэ зэгъэпэщауэ, и шу гъусэри езым къыкӀэрымыхуу хуэпауэ, я пащӀэ инхэр сытхъум иблауэ, я щхьэр бащлъыкъ хужькӀэ фӀэпхыкӀауэ, я щӀакӀуэр фӀыцӀэу, жэрыгъэ защӀэкӀэ уэрамышхуэмкӀэ къыдэжейуэ ялъэгъуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 290

(къыкӀэроху)

Езыр-езыру зыгуэрым къыкӀэрыкӀын, къехуэхын.

Артистхэр хэт и пащӀэ къыкӀэрыхуам, е бостей щылэлыр къыщыхуам зэрагъэзэхуэжу дурэшым дэтт, Ӏупхъуэр зэхуащӀыжыху.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 669

+2 örnek

[Бажэм жеӀэ:] Уэ лъэбыцэ къуацэ, Мыщэ лъэбыцэжь, КъыпкӀэрохур бацэ, Емынэунэжь.— Бажэ пшынэ, 6

Гуэгушхэр жэщкӀэ тесщ лъэуейм, А псори щӀэсу зы джэдэщ, ФӀей къакӀэрыхур къытелъалъэу Бабыщым щысу нэху егъэщ.— Бабыщ. «Дамыгъэ», 218

Kitapta geçtiği hali

КЪЫКӀЭРЫХУН I (къыкӀэроху) лъэмыӀ. (37). 1. (23). И чэзум къыримыхьэлӀэн, къэмысын. Ӏуэгъуэм и мардэр къэсмэ, дакъикъэ закъуэ къыкӀэрыхункъым [Джэлил]. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 476-477. ФӀырщ дыхьэшхыкӀэ дэзыгъащӀэр, Ерщ цӀыхур гъыуэ дызыгъасэр, ЕгъэджакӀуитӀри къокӀуэр пасэу, Зыр къыкӀэрыхуми зыр гумащӀэщ. ЕгъэджакӀуитӀ. «Мывэ хуабэ», 256. [Фызым и гъусэхэм зыхуигъазэу:] УкъыкӀэрыху нэхъ умыкӀуэххэмэ нэхъыфӀщ. Гъуэгуанэ, 124. 2. (9). ЯлъэщӀэмыхьэу зыгуэрым иужьым къинэн. Мо пшэ цӀыкӀур къакӀэрыхуу Пшэ фӀыцӀэжьхэр тӀэщӀэкӀащ. Губгъуэ щхъуантӀэм пыӀэр къинэу… «Батырыбжьэ», 10. [Астемыр игукӀэ жиӀэрт:] Уи шыр уогъэпсынщӀэщи – уи ужь итыр къыпкӀэроху, умыгъэпсынщӀэщи, шыр зыдыгъур пӀэщӀокӀ. Хъуэпсэгъуэ нур, 170. Дзэм ар [къалэр фызэрыхуейуэ вгуэшыж] зэхегъэхи, сыкъыкӀэрохури Ӏыхьэншэ сохъу, жиӀэу пӀащӀэ-тхъытхъыу цӀыхур зэрыхьу кӀуэнущ. Лыгъэ, 410. 3. (5). зэхь. Зыгуэрым елъытауэ нэхъ Ӏейуэ щытын, иужь къинэн. Лу къызэрыфӀэщӀымкӀэ, лӀы хъуат, кхъуейплъыжькӀэрыӀэм дэкӀуейуэ бэлътоку къыщыпичакӀэ, ар и къуэшым зыкӀи къыкӀэрыхуртэкъым, иджы икъукӀэ и гуапэу Елдар Ӏуэхутхьэбзэ хуещӀэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 101. Абыхэм [шэшэн-мышкъышхэм, къалмыкъхэм] къакӀэрыхуну Къулым фӀэфӀтэкъым. Щынэхужьыкъуэ, 40. Щэрдан Берд шы къекӀу тесу, Ӏэщэ-фащэкӀэ зэгъэпэщауэ, и шу гъусэри езым къыкӀэрымыхуу хуэпауэ, я пащӀэ инхэр сытхъум иблауэ, я щхьэр бащлъыкъ хужькӀэ фӀэпхыкӀауэ, я щӀакӀуэр фӀыцӀэу, жэрыгъэ защӀэкӀэ уэрамышхуэмкӀэ къыдэжейуэ ялъэгъуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 290.

КЪЫКӀЭРЫХУН II (къыкӀэроху) лъэмыӀ. (5). Езыр-езыру зыгуэрым къыкӀэрыкӀын, къехуэхын. Артистхэр хэт и пащӀэ къыкӀэрыхуам, е бостей щылэлыр къыщыхуам зэрагъэзэхуэжу дурэшым дэтт, Ӏупхъуэр зэхуащӀыжыху. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 669. [Бажэм жеӀэ:] Уэ лъэбыцэ къуацэ, Мыщэ лъэбыцэжь, КъыпкӀэрохур бацэ, Емынэунэжь. «Бажэ пшынэ», 6. Гуэгушхэр жэщкӀэ тесщ лъэуейм, А псори щӀэсу зы джэдэщ, ФӀей къакӀэрыхур къытелъалъэу Бабыщым щысу нэху егъэщ. Бабыщ. «Дамыгъэ», 218.

Düzeltme Öner

къыкӀэрыхун
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.