къыкъуэхыжын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къыкъуехыж)
1. ГъэтӀылъыжауэ, гъэпщкӀуауэ щыта гуэр къехьэжьэжын.
рудостать, вытащить что-л. из-за чего-л. снова (напр. спрятанное)
Абы и къамэр къыкъуихыжри зэкӀэрищӀащ.
2. Зыгуэрым дэхуа, дэлъхьа с. ху. къэщтэжын, къыдэхыжын.
рудостать, вытащить что-л. из-за чего-л. снова
Шкаф щӀыбагъым тхылъыр къыкъуэхыжын.
Kitapta geçtiği hali
къыкъуэхыжын (къыкъуехыж) перех. гл. 1. достать, вытащить что-л. из-за чего-л. снова (напр. спрятанное) / ГъэтӀылъыжауэ, гъэпщкӀуауэ щыта гуэр къехьэжьэжын. Абы и къамэр къыкъуихыжри зэкӀэрищӀащ. 2. достать, вытащить что-л. из-за чего-л. снова / Зыгуэрым дэхуа, дэлъхьа с. ху. къэщтэжын, къыдэхыжын. Шкаф щӀыбагъым тхылъыр къыкъуэхыжын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыкъуехыж)
КъуэгъэнапӀэ гуэрым щыгъэтӀылъауэ щытар къэщтэжын.
Мусэ бжэ къуагъым къуилъхьат къэпыжь цӀыкӀу хъуржыным ещхьуи, къыкъуихыжри Нурхьэлий и пащхьэм кърилъхьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 188
Kitapta geçtiği hali
КЪЫКЪУЭХЫЖЫН (къыкъуехыж) лъэӀ. (1). КъуэгъэнапӀэ гуэрым щыгъэтӀылъауэ щытар къэщтэжын. Мусэ бжэ къуагъым къуилъхьат къэпыжь цӀыкӀу хъуржыным ещхьуи, къыкъуихыжри Нурхьэлий и пащхьэм кърилъхьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 188.